Псыбэкъушхуэ

Бахъсэныжь, уэ нэмыщIамэ,
Сэ лIы быдэ къысхэкIынт,
КIуэрэ пэт-жьы къысхуепщамэ,
Ар, ажал схуэхъункIэ хъунт.

А си псалъэхэм щхьэт техъуэу,
ЗанщIэу щапхъэ къыпхуэсхьынущ,
Си щхьэм, ер къромыгъакIуэу,
Си уи псыхъуэр зэзыэкIащ!

Сакъ жыхуаIэр зы сымыщIэу,
Дэ, ауэ куэдрэ дызэIущIа,
ПIалъэмыщIэр сыпыхъуэтэнум,
Уэ, Iэжьэгъу зэи уимыIа,
Толъкъун инхэр сщIэу ерути.

Псы къыгъуэжырат си кIуапIэр,
ЗэрымыщIэу псып къинуами,
Тынгит ар занщIэу IэщIыб пщIыну.

Пхъэ лъэмыжым псы къащIэур,
Сытым дежи ар псэлъыхъут,
АдэкIэ-мадэкIэ блащхъуэу еуэрт,
КIэбгъу зумынщIы уирсыкIащ.

А псы ябгъэм и хьэм мыгъуэр,
Зэи зехимыныну тхьэ Iуа щIэщ,
Абы, зэрымыщIэкIэ фыIукIэрахъуэм -,
Къурмэн сыхыхуэкъунхэ - фи пщэм къэсу фыхэмыхьэ.

Бахъсэныжь дерс къызитахэр,
Сэ, дунейкIэ къысхуощхьэпэ,
Си етэрщэхухэм хъы схузжIэIуащэм,
СщIэуэ, дунейкIэ зыхузощI-пэIэщIэ.

Сыроплъэри мы дунейжьыр -
Сыту псыбжэкъуыгахуэ,
Абы щыкуэдщ зымемызагъэ,
Хэт жьэIурыхуми, хьэзырхэщ ежэу ятхьэлэнщ.

Зэрыхь-зыритуэ зэбилэкI цIыхухэр,
СщIэуэ щхьэрылажьэщ,
ЗэрымыщIэкIэ, сыщапхъуэтыами,
    зэи сыуэIыуэ сы хьэлкъым,
Псори здекъур си нэщэнурэ -
    си лъэм щIым зэ тоувэжыр.


Рецензии