Си гур зыщ зэрызгъэфIыр
Си щхьэр къыфIегъээху?
АбыкIэ зызмузэдауэ щытатэм
Адрейхэм ещхьу сэри згъэхьэмкIэт
нобэ "Джип" нэхутхьэху.
Тхьэм ирещIи си адэкъуэшым сыщиущийм,
Абы имыщIа дунейр кIэрэхъуэну,
Ар х у е й т сэ адыгэ-цIэ лъапIэм
сихуэпэжыну.
Ди университетым Iэгъуапэ дахэхэр
шызэблэкIыу щытам,
Абы, езым Iулъхьэ къыIырихьу щытакъым,
СощIэж прихожэ бжэщхьэIум себэкъуэжау -
Кавказ Ипщэм къикIэ лIы абрагъуэм -
игъэфIэжыну къыпхуихьа соминыщыр
жьэхипхъэжауэ...
Сэри, и чэзур къэсым, Гъуумар здэщыIэм,
сызэрыкIуэжынур си дежкIэ хьэкщ,
Абы щыгъуэми, цIыхухэм ямыщIэу
си гур зыщ зэрызгъэфIыр!
ЗэIыхьлыхэр Жэнэтым дыщызэIупщIэм,
Сэ, сымукIытэу си адэ къуэшым сыбгъэдыхьэфынущ.
Ди щхьэщыгум Итым сыгъунэхуну х у е й м ялейу,
- Абы, и фIыщIэкIэ сэ IэнэтIэфIхэр зесхьэурэ
сыкъеIуэкIащ,
Дапхуэдизу мыхъуами, Гъумар и ущием сытытыуэрэ,
Хэт сыт къытесхын жысIэу, сэ зыми сенэцIыу щытакъым.
P.S. Сэ, сы тхьэгъэпцIыуэ жаIэм,
Токарнэ станок ауэ зэстар щхьэту къэзгъэувынущ,
КАМАЗ-ышхуэр зыIэрызгъыхьэжар псэутами сыт хьунт,
Алыхьым и фIыщIэкIэ-сыхуей къужыIуэм ноби
къыскъуэувэнхэ си бэщ.
Свидетельство о публикации №126091902769