Сыт дунейм дыщ1ытемыхуэр?
Щхьэ ар тщыхъурэ бэнзэв?
Зэпычыхук1э дэ ди лъынтхуэр
Щхьэ дыхуей дыхъуну зэгъ?
Гъащ1эр зэщ къызэрыдитыр,
Тыгъэм т1эк1у дыхуэвгъэсакъ.
Тщ1ыгъущ сыт щыгъуи Къытщхьэщытыр,
К1ыхь дывгьэщ1 дэ ди тэмакъ.
1уэхур мыхьумэ, ет1уанэу
Зэ фыбауи, къыщ1эвдзэж.
Ц1ыхур щытми гу пц1анэу,
Къохъу абы щыхущ1егъуэж.
Дыгъэр къопсыр, мазэр къоблэ,
Гъащ1эр хуэмурэ йок1уэк1.
Блэ зыхэсыр 1уэху мыублэрщ ,
Хуэдывмыгъэщ1 дунейм гущык1.
01.09.26гъ
Свидетельство о публикации №126090204790