***
Сыту ф1ы1еурэ услъэгъуа!
Си 1эм уидеж уэ письмо нетх,
Ауэ сэ ар незмыгъэхьа.
Гухэлъым жэщым сэ сеук1ыр!
Симыгъэжеуэ си фэр йок1!
Уэ зэхэпхат сигум къи1ук1ыр?
Сызэхуомыхыу гъэхэр блок1...
Гухэлъыр си псэм къытохьэлъэ!
Усщыгъупщэну схулъэмык1!
Мы сигур сэ къызэмыда1уэу,
Лъагъуныгъэм сырегъэук1!
Уи ц1эр зыхэсхым сызэплъэк1ыу
Мы дунейм сыкъытебнащ.
Уи мэкъыр дэнк1и щызэхэсхыу
Къысщыхъу уэ сыкъэбгъэнащ.
Свидетельство о публикации №126062004941
