Гуащэнабдзэ
Дыгъэр уэгум къызэрихьэу,
Гуащэнабдзэ къилъэгъуащ.
А мэ дахэ уэ къыпщlихьэр
Дыгъэ бзийми зэхищlащ.
Жэщыр пшэхэм хэту блихри
Махуэр щlылъэм къытехъуащ.
Дыгъэм бзу уэрэд зэхихри
Занщlэу уэгум къытехьащ.
Лъагъуныгъэр уафэ къабзэм,
Гъэмаxyэпэ xyабэм ещхьщ.
Пщэдджыжь дыгъэр гуащэнабдзэм
Йодэхащlэ, lэплlэ hyeщl.
Свидетельство о публикации №126061202187
