***
Мывэ бгъэжам у1ущ1эжынщ.
Мы дунейм зэхуагъэ щы1эщ!
Зэ мыхъуми зэ жэуап птыжынщ.
Лей зепхьар къыпщ1эк1уэжынщи,
Ди Тхьэшхуэм гъуэгуи къуимытын!
Гуэныхь къэпхьам ухуэзэжынщи,
Умыпшынау уимыут1ыпщын!
Ц1ыху зепшэл1ам уелъэпэуэжмэ,
Игур ибудмэ - зэхуэсакъ!
Хьэзаб теплъхьам къыпхуигъэзэжмэ,
Уигъэщ1ыжынщ нэхъ щэху уи макъ.
Аллыхьым ищ1агъ уэ ущ1эк1ынкъым!
Уигум ф1ей илъыр ныбжьэгъу умыщ1!
Дунейм ц1ыхуф1у утетыну нэхъ тынш1э?
Ц1ыху пагэ, 1ейхэм задомыщ1!
Свидетельство о публикации №126060508453
