Науржан гуащэ
Си псэм хуэдэу Науржан,
Сыту зэщхьыу жьы дыхъуа,
ДыпхыкIа нэхъейу - жьыуейпсыуей.
ФIыуэ пщIэжрэ Налжан?
Первэныкъуэм дезыгъэджар,
Доскам къритхэм "бэдрэжан",
ЗиIысыр ар гъахуау къыдэжиIэу.
ИпэкIэ зэи школыбжэ Iудмыхами,
Абы и урокхэр кIыхь хъууэ щытакъым,
ДедаIуэрти ди тхьэкIумэр тегъэхуау,
Лъэтамэ бадзэ зэхэтхынут.
Шакъалъэр зым-зым зэIэпытхьыу,
Зы илъэс фIэкIау дызэдемыджами,
Дызэхуэзауэ! - уэ унэшхуэгушхуэщи,
ДышэкIэ фIыр Тхьэм зыхуэщIэн сыблащ.
Бгы си псалъэм къимыгъэпкIми,
Сэ нобэ куэд къысхуэтхьэкIумэ жанщ,
Япэ егъэджакIуэу Налжан здрыдиIам,
УмыщIэнкIи хъунщ и Iэужьу къалэмыр
сэ къэсщтащ.
Си псэм хуэдэу Науржан-гуащэ,
А узытетым утемыкI,
Къежьау иджы цIыхухэр зопэбжьауэ,
АбыкIэ къомыхь уэ зыми и губгъэн.
Бахъсэныжь и ущэ макъым,
ТIури зэщхьыу дыпэжыжьэми,
НыбжькIэ дэ къытхуэнэжам,
Адыгагъэмрэ, цIыхугъэмрэ имычэзууэ
IэщIыб тщIынкъым.
Тхьэм и нэфIым сыхимыным,
Иджари мурадыфIхэр сиIэщ,
Сабий дыгъэу дызэрищытам зэгуэр,
Гупсэхуу и гугъу сщIыэжын сигугъэщ.
ОбразкIэ ящIэу яузэдау,
Хуэкъулейуэ тхэ гъунэжщ,
Сымыплъэу ахэм дежкIэ алыф къыстхъэм,
Плъагъункъэ ди щхьэм и сэбэпщ.
Хьэрэхъуэрэ енэхуэну,
Нобэ си гур сщIэу хэхъуащ,
Науржан, сэ узэрыщIэжыр дыгъэ нурыр,
къыпшхьэщихыущи,
АдэкIи апхуэдэу егъэкIуэкI.
Свидетельство о публикации №126040305602