Пычыгъуэ - каб. -черк. - отрезок
Псом зэхуэдэу топсэ дыгъэр,
ПщIэншэу зэмыжьэн емыжьэу
Iущыр и щхьэщ зыщыгугъыр.
Шэч хэмылъу дыщыгъуазэщ,
Дыгъэр зэзыхъуэкIыр мазэщ,
Ауэ щхьэж и цIыхуфIыгъэр -
Уи еплъыкIэр зэрыбгъазэщ.
Хэти щIэпхъуэу ищми япэ,
Дэнэ ар нэсын нэхъапэ?
Мащэр псоми лъос чэзууэ,
Мащlэщ зыхъумэфыр напэ.
Лъэпэрапэу, зэIунщIыжу,
Зыр къигъапцIэу, зым тежыжу,
Мис апхуэдэу псом къащохъур
Нэсыфынухэу нэхъ жыжьэ.
Зым и гугъэщ, зым и мыгъуэщ,
Зым и фIыгъуэщ, зым и фыгъуэщ.
Ауэ дауэ ар щымытми,
Псоми диIэр зы пычыгъуэщ.
Февраль 2026
2026-м и мазае.
Свидетельство о публикации №126022608901