Сэ адыгэу сыкъалъхуащ Я родился адыгом
Напэри гуапэри яхэлъу къохъу.
Хэкум и нэхур уэ къодэхащ1эм,
Насыпыр уи гум щызу къыпщохъу.
Припев: Си щхьэр лъагэу къызо1этыр,
Адыгэл1ыу сыкъэхъуащ.
И хуэбагъэр и гуэпагъэр
Си щ1ыналъэм къызитащ.
Си гури си псэри епхащ,
Сэ адыгэу сыкъалъхуащ.
Си гури си псэри епхащ,
Сэ адыгэу сыкъалъхуащ.
Бахъсэныпс уэрым и уэрэд дахэр
Гум имык1ыжыу, быдэу хыхьащ.
А уэрэдыжьым и жьгъру макъыр,
Гъащ1э мэкъамэ сэ ар схуэхъуащ.
Поет Азамат Беков, музыка Бетал Иванов.
Свидетельство о публикации №126012904056