Мыхьэнэ - смысл на кабардино-черкесском

Удэмыпсэлъей,
Укъемыпсэлъых,
Уи пщlэр пагэ лейм
Йомыгъэудых.
Дэнэ ущыlам
Цlыхухэм яхуэпэж,
Iуэхуу фlыуэ пщlам
Ухущlемыгъуэж.
Уи лъэ уиувам
Быным ящхьэщыт,
Быну узыпlам
Щабэу яхущыт.
Лъагэу зыпlэтамэ,
Уэ бгъуэтынущ щlыхь,
Ауэ мис итlанэ
Фыгъуэм къыпэкlухь.
Хабзэм утемыкlыу,
Гъащlэр уэ ехьэкl,
Пфlэщlу зы плъэмыкlыу
Пlалъэр блумыгъэкl.
Фlыгъуэм я нэхъ лъапlэу
Мы Дунейр дыдейщ,
Ауэ псом нэхъапэу
Тхъумэжын ар ***йщ.
Къыкlэлъыкlуэ хьэкъыр
Адэ-анэ пщlэрщ -
Къыпхуэарэзыныр
Япэ псом игъэщ.
Уи унагъуэ хьэкъыр
Бдэзыугуэшын,
Псэкlэ уи пlэщхьагъыр
Пхуэзыгъэтыншын,
Уи гур здэбгъэтlылъу
Зи гур бгъэгушхуэн,
Щэхуу уи гум илъыр
Зыхуэбгъэфэщэн -
Гъусэ мис апхуэдэ
Уи щхьэ хуэбгъуэтамэ,
Ар умыгъэкlуэду
Лъэпкъым дэщl къудамэ.
Быну къыфщlэхъуэныр
Фэ здывигъэпlыж.
Уэ пхуэгъэзэщlэныр
Уи къалэну тыж.
Пэжыр уи щытыкlэм,
Напэр пхъумэжынщ.
Щхьэж и гъуэгум и кlэм
Ищl игъуэтыжынщ.

Ноябрь 2025


Рецензии