сыт ефщ1ар?
К1элъызефхьэжкъым пщ1э дунейр зыбгынэм.
Фи адэр, анэр сту щ1эх фщыгъупща?
Флъэмык1рэ щхьэ илъэс фахуэщыгъуэну ?
Йохьэж архъуанэм гугъуехь ятелъар,
Гулъытэ дахэу ахэм къыфхуащ1ар.
Къыфлъэмы1эсу ф1ей фызэрап1ар,
Арат фэ гугъэу ахэм къыфхуа1ар?
Пхъу ягъэф1ахэм зэтрахыж 1элъэщ1ыр,
Я щыгъуэр Махуэ бжыгъэм щагъэтыж.
Хабзэщ1э къежьэм къыхах яф1энэзъыф1ыр,
"Сыт абы къик1ыр?"-жа1эуи йожьэж
Уэ ф1ыуэ плъагъур гуауэ щып1эщ1эк1к1э,
Иращ1э псоми:уи гум къоуэ ар.
Къигъэзэжынукъым,ар дощ1э, щхьэр ф1эппхык1к1э,
Ит1анэ дэ хуэтщ1эжыфынур арщ.
Къыщ1ок1 гъэпц1агъэу фэ хущ1эвгъэк1 нэпсыр,
Фэрыщ1агъ дыдэу къызолъытэ ар.
Фоупц1энри фи щхьэр,фогъэук1ытэ я псэр,
"Арат сэ пщ1эуэ дунейм щызи1ар?"-
А упщ1эр и псэм хыхьэу зретыж,
Щыуагъэ гуэр ищ1амэ, мэлъыхъуэж.
Фадэбжьэ къищтэу къуэшми щогъупщэж,
Ар иригуф1э хуэдэщ имы1эжым.
Зы ягъи к1ынкъым, зыри къыфщыщ1ынкъым,
Як1элъызефхьэ хабзэ ф1эщ1эк1ам.
Дунейм щи1ами пщ1э, ар щимы1ами,
Къызэращ1энур фи щытык1эращ.
Псэухук1экъым ар пщ1э зэрыхуэныкъуэр,
Дунейм ехыжри зыщыгугъыр псэурщ.
Тевмылъхьэ фэ фи л1ахэм я псэм дыркъуэ,
Илъэс нэхъ мыхъуми,хуэыщ1 пщ1э къалэжьар.
Май, 2024гъ
Свидетельство о публикации №125103003651