Си бзэ, си адыгэбзэ
Псом нэхъыф1ырщ сызыщыщыр,лъэпкък1э сыадыгэщ!
Срогушхуэ, сропагэ, лъэщщ си лъэпкъыр, ар бэшэчщ,
Хабзэ дахэхэр щызок1уэ,къытевмыхьэ зыми шэч.
Ди адыгэр зы зыщ1ыжыр ди бзэрщ,ди бзэ бзэрэбзэжырщ,
Ц1ыху и шум хьэлъэ телъмэ, бзэк1э ар догъэкъэбзэжыр.
Махуэ хуабэ и жьы щ1ы1эу ар дэ ди гум къодэхащ1э,
Псалъэ дахэм, псалъэ 1эф1ым щ1эуэ гур къыдощ1эращ1э.
Сф1эф1у си бжэмк1э сопсалъэ,сщ1эркъым и1эу абы п1алъэ.
Жэщи махуи уемызэшу уи бзэ дахэмк1э уэ псалъэ.
Зэхрах нэхъ ц1ык1ум ини,ди бзэм и къарур зыхащ1эу,
Зэгуэр зи бзэр зут1ыпщахэр щ1регъуэж,зэрегъэгъащ1э.
Си бзэ лъэщ, сэ си бзэ дахэ,ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэ,
Къаруушхуэ къысхыболъхьэ,уи бзэк1э укъызоубзэ.
Дыгъэ, мазэ къытщхьэщытхэм, си бзэ, уэ уарещхьыркъабзэщ,
Уэрыншауэ дунейм нэхукъым,си бзэ,си псэ-си анэбзэ!
Июнь, 2024гъ
Свидетельство о публикации №125103002702