Флъагъункъэ

Ер, - къыщытлъихьэнур тщIатэм,
Ипэ иту зыщыддзынт.
Ар, лъэмыкъыншэу зокIуэри,
Дыбэпэрыгъауэ дыIэрохьэ.

НэгъуэщI, Iуэху зыри димыIатэм,
Абы хуэфI дыхъунри хэлът,
IэнатIэ гуэр, дегугъуэ дыпихьэм,
Сыту къэдмыхьрэ - нэмыплъ.

Асыл! - иIэу япIа цIыхум,
Ер, нэхъыбэрэ щоятэ,
Абы и гур - чэщейщыкъущи,
ЩызекIуэу ищIэркъым дунейм хьилагъэ.

Хьэрыпым и Iэпэр иIыгъыу хэт
      къезышэкIынур,
Я щхьэ нэрыбгыу хъуам я лажьэщ,
КъэмуувыIэу жэ зэманым,
ПхуэжыIэнкъым, зэхэгъэжьу
      ищIыр зыхуидизыр?

Ем, къызэрыпэкIухь амалхэм
      хурагъаджьэу,
Курсхэ къызэIуахьамэ ауэ щхьэпэт,
ЦIыхухэм я Iуэху езыхэм дагъэкIыжуурэ,
Дахэу дыпсэунути...

И кIуапIэр кхагъуэтау
      былымкIэ зызузэдхэр,
Тхьэм псори фIым фызуишэ,
Сэри, щIэздзауэ си шым сощIэпщауэри,
Фи япэ сищыжми флъагъункъэ.

Сэкъат имыIэу дунейр зэтеуватэм,
Си къалэмыр къуакIэм дездзэжынут,
МаIуху: "Ем" - къыщыхуэзгъуэтам махуэм,
СымыбзыщIу цIыхубэм яхэсхьэнут.
                09.02.2025 г.


Рецензии