Сыкъытромыгъэч

                А. деж
Бзаджэ жызмыIами
Си гу нобгъащ зэгъащIэ.
ЯтIэр быутатэм -
Iущ ухъунри хэлъащ си тIаIэ.

Гу уз лы уз пхузиIэу,
Гъуэгум укъыщысщтэм,
СхузэфIэжIащ усшэн уздэкIуэм,
Пащтыхьыпхъууэ зыбгъафIэу.

УпщIэ уэзмытау -
КъызжыпIащ - узэризакъуэр,
Ар счетым къизмыдзау -
КъыпфIэщIми - ущоэ.

Гъэмахуэ туфлэ цIыкIухэм,
БжьыхьэкIэм и чэзукъым,
Къалэм етIанэ гъуэгу укъыщыкIуэкIэ,
БотитI - нэхъыфIщ лъыптIагъэм.

Псы зэрыкIуэ бжьэмийхэр,
Жьы хъуащи къыщиудрейщ,
Сэ сэщхь ухуэмызэм,
А махуэм уигу зэщыуэнщ.

"Водоканалым" тэздзэу сыщыкъуами,
Си ныбжьым пщIэ къыхущIащ я нэхъыжьым
Ар абы щагъэлажьэм,
ИкIэщIыпIэкIэ бжьэмийхэр зыхуей ху игъэзэнщ.

Апхуэдэ щIалэхэ зэрыщыIэм,
Нобэ гу къыдэж къызат,
Сэри, ахэм я ныбжь сыщитам,
Нэхъыжьхэм пшIэ ин яхуэсщIырт.

Салоныр, сыту уэзгъъэкIурэт,
Зеленнэ-бэзэрым ущысшэм,
У телефон: 8-9??-???-07-93-кIэ укъекIпсауэм,
Си тхьэрыIуэм Шэджэм псакIелъэм унэзмыгъэсым.

Сэ къулыкъу щысIыгъам,
Зыри щIэсщIэуэ щытакъым,
Лейу уемыдаIуэу жэгъэгъухэм,
Зэгъусэу дыдэгъыхьэ Шэджэм аузым.

Быдэу щIы уи фIэщ а махуэм,
Сэ зыкIи уи гу зэзмыгъэбгъэн,
Ауэ, Бубэ и тамыкъым сытри щIохуэ жыпIэу,
Си машинэбжэр къебдзылIэу ину сыкъытрамыгъэч.

Еуру!
Гъуэгум хъыбаргуэр уезгъэдэIуати?..
- Си маршынэбжэм мыхьыр ебгъэхьыну,
А махуэм уэ укъысIущIау арат!

Сэ, IуэхуфI сщIам сыхуэщIегъуэжу,
Нобэм сыкъысакъым,
ФIы къыфэхуащIэм къывгурыIуэу,
ЦIыхубзэр, зэгуэр Тхьэм фызигъэлъагъу.


Рецензии