Узимы1амэ песня

1.Пщаджыжьыпэу къысхукьок1ыр
уэ уи  дыгъэр,
Къэунэхуащ , дызэблэмык1ыу,
лъагъуныгъэр.
Сэ къысщохъу,  ди гъащ1э гъуэгуыр за1ухауэ,
Насыпит1ыр ,гуым ф1э1эф1ыу , зэхуэзауэ

Пр. Узимы1амэ, си псэр езэшыу
       мы дунеишхуэм сэ сыхумейт,
 Укъысщыхъуамэ, сыкъамыушыу,
      гъащ1эм сепщ1ыхьыу сэ сыпсэунт. 2р.

2.Нэм имылъагъуыу гуым зыхещ1ык1ыр
уи псэм и нахуыр,
Уэсыу тк1уыжащ узыхамыт
си гуым и щэхухэр
Гъатхэ махуэк1уыу егъэхуабэр
си псэр уи дыгъэм
Тхьэм къызитащ мы насыпышхуэр -  уи лъагъуныъэр.
Пр.


Рецензии