Уэ си пщ1ыхьт укъыздэк1уар

Иужь дыдэу 1эпл1э зыхуэзгъэщ1,
Уи хуабагъыр пкъык1э зыхэзгъащ1э.
Уи щхьэ езэшар уэ къызэгъэщ1,
Сыту мащ1э къытхуэнар дэ гъащ1эу.

Уи бэуэк1эм уэ сыщ1эгъэдэ1у,
Нэпсыр къыумыт1ыпщ уэ,сынолъэ1у.
Мы си гущ1эм ар йомыгъэтк1ухь,
Уэ ущыгък1э хьэлъэщ,ар схуэмыхь.

Уи 1эр си щхьэм уэ къылъэгъэ1эс,
Лъагъуныгъэ маф1эм уэ сегъэс.
Нэхэр зэтедгъап1и дыщыгъэт,
Иужь дыдэу дызэбгъэдэгъэт.

Хуэму нэхэр сэ къызэтызох,
Япэм хуэдэу зэуэ уэ уобзэх.
Сэ,аргуэрти,уэ усф1ок1уэдыж,
Къысщыхъуахэр к1ыф1ым хок1уэдэж.

Уэ уи лъагъуэр къысхуэмыгъуэтыж,
Уи 1э щабэр сэ къызолъыхъуэж.
Ауэ пц1ыщ! Си пщ1ыхьт укъыздэк1уар,
"Уи гум сомыгъэху!"- къызжеп1эу арт.

06.06.23гъ


Рецензии