***

Мы си гур хьэлъэу щытми,зызо1ыгъ,
Уи сурэт защ1эщ сэ си нэгу къыщ1ыхьэр.
Бжэр 1уахмэ,ар уэрауэ сыщогугъ,
Уи 1эшхуэхэр си нэгум къыщ1эзгъэхьэу.

Уи "мамэ"псалъэм сту сыхуэзэша,
Уи псалъэ щабэм сыту сыхуэныкъуэ.
Сыту жыжьащэу,си къуэ,у1ук1а,
Зыс1ыгъыу щытми,си гур уэ пхуэныкъуэщ.

Ди Тхьэшхуэ сызэхехыр,сыпхуолъэ1у
Дэнк1э ук1уами,укъысхуихъумэну.
У1умык1уэт,а зымк1э сынолъэ1у,
Сэ жыс1эр зыри уэ уи ф1эщ мыхъуну.

Къысщыхъуми гъащ1эм сэ сищ1ауэ лъэщ,
Сытек1уэкъым мы си гум,сыпхуозэшыр.
Абы,си щ1алэ,сэ сыпэмылъэщ,
Сыхуейт пхуэсщ1ыну 1эпл1э,укъэк1уэжу.

Ауэ ит1ани,си псэ,зызо1ыгъ,
Сыхуейкъым зык1и сэ уи жагъуэ сщ1ыну.
Сэ лей сыхъуа къысщохъур,ар сту гугъу,
Зэманым сыщогугъ зэхигъэк1ыну.

01.05.23гъ


Рецензии