Зэми щ1ы1эщ, зэми псы1эщ

Жэщыр щ1ы1эщ,жэщыр псы1эщ,
Си гупсысэр уэгум итщ.
Дэнэу п1эрэ уздэщы1эр?
Бамп1э узыр сэ спкърытщ.

Вагъуэ ц1ык1ухэр къощэщэхыр,
Псым хотк1ухьри мэк1уэдыж.
Гугъэр жьыбгъэм сэ къысхуехьыр,
Ауэ сыт...,узмыгъуэтыж.

Атк1э сок1уэ,мытк1э сок1уэ,
Си гъуэгуанэм зыи хэмыщ1.
Сэ уи ныбжьым сык1элъок1уэ,
Закъуэныгъэр сту гухэщ1.

Щ1ы1эм сэ зыкъызешэк1ыр,
Сигъэхуабэу къыщохъуж.
Хуэму сэ сыкъы1эщ1ок1ри
Дыгъэм зыхызошыхьыж.

Гъащ1эр щ1ы1эщ,зэми псы1эщ,
Зэми псэм и хуабэр ф1эф1щ.
Сыт ар ***йми къызжре1э,
Дауэ хъуми,ар сф1э1эф1щ.


07.04.23гъ


Рецензии