Ит1ани сыножьэ, ит1ани согугъэ

Иджыри мэузыр,иджыри мэгызыр,
Иджыри гу къуэпсыр уи гуауэм екъузыр.
Иджыри жэщ к1ыф1ыр къысщохъур мазэншэу,
Си лъынтхуэм ирижэр псы щ1ы1эщ хуабэншэу.
Щхьэгъубжэм сыдэплъмэ,къысф1ощ1 укъызэплъу,
Мы си гум уэ пхуилъым лъы щ1ы1эр къегъэплъыр.
Сыноджэ сэ гук1э,къысф1ощ1 сызэхэпхыу,
Заплъыхьыр си нит1ым,уи теплъэр къыхэхыу
Жэщ к1ыф1 даущыншэм,зысплъыхьми,ар пщ1эншэщ.
Узгъуэткъым,услъагъукъым,щы1эжкъым уи лъагъуэр.
Ит1ани сыножьэ,ит1ани согугъэ.

26.03.23гъ
Сабийм ещхьыркъабзэу аргуэру сэ согъыр.
Аращ къипсэуар,ежьэжащ лъагъуныгъэр,
Ит1ани мы си гур езэшкъым,мэгугъэ.


Рецензии