Гъащ1эм и маф1эгу

Гъащ1э гъуэгум ди маф1эгур тетщ,
Зэи ирегъэт1ысхьэ,ирегъэк1ыр.
Гугъэ дахэр дэ ди гъуащхьэтетщ,
Зы 1ей лъэпкъ гъунэгъуу блимыгъэк1ыу.

Насып дапщэм сэ селъэпэуа?
Ар насыпу абы щыгъуэм сщ1акъым.
Ц1ыхуфу дапщэм сэ я жагъуэ сщ1а?
Ар гум къинэу сэ хуэзгъэфэщакъым.

Сыту куэдым нэпс хущ1эзгъэк1а,
Мыхьэнэншэу ахэр сигу къэк1акъым.
Сыту куэдми сыщыгуф1ык1а,
Ар сэ зэи къызэкуэдэк1акъым.

Ц1ыху мыхъумыщ1э куэди сэ слъэгъуащ,
Лъэужьыф1 дунейм къыщамынауэ.
Жэуапыншэу упщ1э куэд къэнащ,
Ноют я жэуап сымыгъуэтауэ.

Сыту сэ гъуэгу куэд къызэпысча,
Мащ1э дыдэу нобэ къысщыхъужми.
Къэхъуащ дахэ куэд сащыхэда,
Къахэсхам къэхъуащ сыхущ1егъуэжу.

Ауэ...я нэхъыф1ыр сэ си1ащ,
Нобэщ псори къыщызгуры1уэжыр.
1ейуэ щы1эм уэ дыщыпхъумащ,
Ди Тхьэ,уэ утщ1ыгъущ уемызэшыжу.

12.12.2022гъ


Рецензии