Зы гъуэгуанэ дытехьащ

Ма, убыд, узогъэлъагъу
Си гум лъэгъуныгъэ илъыр.
Еуэ, сок1уэ лъэгъунлъагъу,
Согъ, къыпытк1ум абы и лъыр.

Къомыгъуэтыу щхьэусыгъуэ
Къыск1элъыжэ, сынолъэ1у.
Бажэм зегъэпщк1уф и угъуэм,
Хуащ1 мыдрейхэми Тхьэлъы1у.

Нэгу щ1эмык1ыу уэ узи1эщ,
Гум имык1ыри уэращ.
Зэман 1эджи атк1э ди1эщ,
Зы гъуэгуанэ дытехьащ.


Рецензии