Сыт къэмыхъуми вагъуэм еплъ

Сыт къэмыхъуми вагъуэм еплъ:
Гукъыдэж псори щэхуу жып1эу,
Уи нит1ыр мазэм тебыубыдэу,
Уи лъэгъуныгъэм гук1э еплъ.

Егъащ1эм дахэу плъагъуэщари,
1эгук1э дыгъэ хуабэ пщ1ари,
Жэщ къудейм деж йош уэ уи псэр
Хъыбар хъэринэк1э щ1эбупск1эр.

1эмал имы1эм псалъэ закъуэм
Ц1ыху гупым ягур иу1энщ.
Шабзэ жаныр - псалъэ гуащ1эщ
Ц1ыхугъэр зэуэ иук1ынщ.

Уи ф1эщ умыщ1 уэ псалъэмакъхэр
Фо 1эф1ым хуэдэу зыхэпхар.
1уэху япэщ, псалъэр - ет1ыуанэщ,
Адрей къэхъунухэр ит1анэщ.

Сыт къэмыхъуми вагъуэм еплъ:
Гукъыдэж псори щэхуу жып1эу,
Уи нэпсыр ц1ыуэ, зыщ1элъындэу,
Уэ уи гур лъэгъуныгъэм хуоплъ…


Рецензии