Сыхуейкъым сэ ар сщыгъупщэну

Зы ц1ыхукъым,т1укъым ар къызжезы1ар:
"Узынущ т1эк1урэ гум уз къыхыхьар.
К1уэтэху зэманыр узри пк1эрыхунщ,
Хуэм-хуэмурэ уи гуауэр гум ихунщ"

Жэуап фэстакъым,иджы фызотыж,
Сыхуейщ сэ хъуну ар гуимыхуж.
Сыхуейкъым нэхъ гуауэжи сэ слъагъуну,
Сыхуей сэ нобэ си1эр сщыгъупщэну?

Сыхуейщ пщэдджыжь къэсыхук1э сыкъэушмэ
Сыгугъэурэ гъуэлъып1эмк1э сыплъэну.
Нэпс къехуэхар сэ псэк1э схуилъэщ1ыжу
Сыхуейщ мы си гум сэ къыщызгъэхъуну.

Сыхуейщ си гущ1эм абы щищ1а абгъуэр
Зы лъэмы1эсу ***ту щыпсоуну.
Сыт зэжет1ауэ щытами зэхуэдгъэгъуу
Къыу зэпсэгъуит1у уафэм дылъэтэну.

Сыхуейщ сэ дахэ ф1эк1 хужамы1эну,
Ар зигу имыдэм зы жимы1эххэну.
1ей жа1эу щытми,ар си ф1эщ мыхъуну,
Пэжагъ си1ар сыт щыгъуи хузи1энущ.

10.09.22гъ

.


Рецензии