Щхьэ аф1эк1а узмыгъуэтыжрэ?

Щхьэ апхуэдизу си гур узрэ?
Щхьэ зэшыныгъэм ар икъузрэ?
Базу макъ пщэдджыжьым къэмы1ужрэ,
Жэщ мазэри щхьэ мынэхужрэ?

Щхьэ пшэри уафэм темык1ыжрэ?
Гур уэшхым имыгъэупщ1ы1ужрэ?
Щхьэ дыгъэм хуабэ хэмылъыжрэ,
Псы щ1ы1эм 1эф1агъ щ1эмылъыжрэ?

Щхьэ аф1эк1а узмыгъуэтыжрэ?
Жэуап си упщ1эм къомытыжрэ?
Уэ япэм ещхьу угуф1эжу
Щхьэ бжэ хуэщ1ар къы1уумыхыжрэ?

Аращ сэ ущ1эзмыгьуэтыжыр,
Сэ япэм ещхьу сыгуф1эжкъым.
К1уэдащ сэ си1а гукъыдэжыр,
Здэпхьащ уи гъусэу ар,згъуэтыжкъым.

10.09.22гъ


Рецензии