Укъыдэсхьэхауэ

            Бгъащхъуэ Бубэ
Дунейм сапсэуэ сытетыху,
Зы махуэ си гум уимыхуну,
Балигъ сыхъуауэ сыт хьэзабт,
Си щхьэм кърикIуа
        фIылъагъуныгъэр?

Уэ, мафIэлыгъейм сыхэмыдзам,
Сыпсэут адрей цIыхухэм ещхьу,
ЦIыхуитI зэпсалъэу зэхэсхам,
ЖаIэ, хъыбарым сыдихьэхыу.

СыцIыкIуу зэхэсхау сощIэж,
"Бисмылэхьи!" - жыпIэм -
ШыйтIаным укъиутыIыпшу,
ЗэрымыщIэкIэ уи хъ сызэрыхуам,
СыкъимыкIыфу, къыпсфIощIыр
        сикIуэдэну...

Уэ зым фIэкIа зэрымыс хэкум,
Сыкъыщалъэхуауэ къыщIэкIынкъым
        ауэ,
Сэ къэзгъэщI псалъэхэр уи деж
        нэстэм,
И кIэр иухынкIэ хъунт -
        укъыдэсхьэхауэ.

Къуэрылъхум и гукъейуэр къищIэм
        дадэ,
Лъыхъу напхуигъэкIуэнущ,
Абы и нэ къокI къыщыфэну си
        хьэгъуэлIыгъуэм,
Абы кIыхь зимыщIыуи къыптехьэнущ.


Рецензии