Гъащ1эм и гъуджэ
Хуэмурэ си нэгум кьыщ1охьэж.
Зэси сэ зыгуэрхжм сигу хухощ1ыр,
Зэм зыгуэрхэм сэ сахущ1огъуэж.
Зэси къыздик1ахэр сымыщ1эжу
Гъуджэм щхъуэк1эплъык1эр щызэблок1.
Си гуф1эгъуэм к1э лъэпкъ имы1эжу,
Ар сэ сыут1ыпщыну сигу пымык1.
"Ц1ыхур насыпыншэм мэхъу усак1уэ"-
А делагъэр хэтыт жызы1ар?
Пэжщ,гупсысэрщ ц1ыхур зыгъэусэр,
Щытмэ-щэ гуф1эгъуэм уиубыдау?;
Гупсысэк1э зыщ1эрщ хьур усак1уэ,
Гукъыдэж е къыдэмыж ирехъу.
Ди гупсысэм усэращ и л1ык1уэр,
Дэ аращ къалэмыр къыщ1этщтар.
Ц1ыхум я гупсысэм улъэ1эсмэ,
Абы жамы1эфыр жып1эфам,
Къодэ1уарэ гум жьы дебгъэхуфмэ,
Ар сэ сф1эф1щ -гум илъ къэс1уэтэфам.
Насыпыншэм зэи зызбжыжакъым,
Лъагъуныгъэр сэ зищ1ысыр сщ1ащ.
Си щ1ыбагь ар нобэ дэмытыжми,
И фэеплъу дахэ куэд къэнащ.
Махуэ къэск1и къызэдэхэщ1акъым
Гъащ1эр,ауэ 1эф1агъ куэд слъэгъуащ.
Сэ иф1 куэдым абы сыхинакъым,
Дыджагъ гуэри щезгъэха къэхъуащ.
Зывиыбжыж фэ зэи насыпыншэу
Къывэдэхэщ1эн щыви1эм деж.
Зы уимы1эмщ ущынасыпыншэр,
Гъащ1эм ущыхъуауэ щытмэщ лей.
"Дадэ","нанэ" жа1эу бын-быныжхэр
Къыпхуэгуф1эу къыщыпхуэк1уэм дежщ.
Ар насыпщ из хъуарэ къыщхьэщыжу
Быныр гуф1эу уэ щыплъагъум деж.
Усэ зытх усак1уэр насыпыншэу
Жа1эу щытми,фэ фигу къэвмыгъэк1.
Насыпыншэр-ар ц1ыху гупсысэншэрщ,
Псалъэк1э апхуэдэхэм уаук1!
12.07.22гъ
Свидетельство о публикации №122091806380