Сыхуейкъым сэ узут1ыпщыну

Сыхуейкъым сэ узут1ыпщыну ,
Ауэ хуэм-хуэму ус1эщ1ок1.
Дапщэщу п1эрэ нэху щыщынур?
Уи гъусэу жэщри хощэ1ук1.

Сыхуейкъым сэ узут1ыпщыну,
Ауэ унафэр хэт-т1э зейр?
Ди Алыхьышхуэрщ ар зыщ1ынур,
Аращ унафэу щы1эр зейр.

Сыхуейкъым сэ узут1ыпщыну,
Си нэгум,плъагъуркъэ,ар кьощ?!
Сыхуейт куэд дыдэ сэ бжес1эну,
Си нэпсым,плъагъуркъэ,къыхощ?!

Сыхуейкъым сэ узут1ыпщыну ,
Жэщ к1ыф1ыр сэ мазэншэ сщохъу.
Дыгъэр пшэ ф1ыц1эм щ1ильэфэну
Уэрыншэу сщ1эркъым къыщ1ысщыхъу!


19.05.22гъ


Рецензии