Иджыри сэ уэ узигъусэщ

Иджыри сэ уэ узигъусэщ,
Уи макъ иджыри зэхызох.
Ди Тхьэшхуэ,зысхуомыгъэгусэ,
Уи деж уэ пшэнур къыхыбох.

Си1эжкъым нобэ сэ си гъусэр,
Ар сыту гум тегъэхуэгъуей.
Дэ гук1и псэк1и дызэгьусэт,
Имыухыну тщыхъут дунейр.

Иджыри сэ уэ узигъусэщ,
Зыщ1ып1эк1э укъыкъуэк1ын
Къысщыхъуу гук1э сыно1усэ,
Къысф1ощ1 абы укъыкъуишын.

Иджыри сэ уэ узигъусэщ,
Мы зэрызехьэр зэхэк1ам
Сэ псэк1э сф1ощ1 укъызэ1усэу
Си гуауэр пщ1ыну сщхьэщык1а.

Ди Тхьэшхуэм усхуищ1ат щхьэгъусэ,
Дызэхуэфащэу къилъытат.
Иджы ЕЗЫМ уищ1ыжри гъусэ,
Щхьэзакъуэ сищ1у уишэжащ.

Иджыри псэк1э дызэгъусэщ,
Хэт сыт игу илъми къэщ1эгъуейщ.
Сыпхуэарэзыщ,си гъащ1э гъусэ,
Хуэщ1 дахэ,ди Тхьэ,ар здэпша дунейр!

27.05.22гъ


Рецензии