Сэ гу пщысхуакъым

Сэ гу пщысхуакъым,
Иджыри къэс пщыхуакъым.
Зэгъусэу дыздэк1уэну хъуам дык1уакъым.
Жыт1эну хъуахэр псори зэжет1акъым,
Гъуэгу ныкъуэ ф1эк1 зэгъусэу дэ къэтк1уакъым.

Жэщым и щыгъын ф1ыц1эр зыщет1агъэ,
Щы1эжу пщ1эркъым мы дунейм зы гъагъэ.
Вагъуэхэр сщохъур сэ хъупауэ фагъуэ,
Мазэр къытхоплъэ,игъэнэхуу лъагъуэр.

Жэщ к1ыф1ыр щымщ,зы макъ къыхэмы1ук1ыу,
Си1ыгъыу гугъэм уэ сыныпхуоплъэк1ыр.
Дапхуэдэми уи макъыр къысхуэщ1эжкъым,
Сыхуэзэшащи,къару лъэпкь си1эжкъым.

Си 1эгум уи 1эр хуэму изогъапщк1уэ,
Щытащ абы сэ куэдым сыщигьэпщк1уу.
Абы къарууэ хэлъыр сэ къысхэплъхьэрт,
Хъуащ къарууншэ сэ си 1эгум ильыр.

Сыхуейщ сэ си къарум щыщ уэ пхэслъхьэну,
Сэ си гугъа апхуэдэу лъэщ сыхъуну?
Уи жагъуэ зыми сэ къезмыгъэщ1ыну,
Иджы уэракъым,сэрщ къыпщхьэщыжынур.


11.05.22гъ


Рецензии