Уафэ нэпс

Имы1эу езэш къошхыр гьатхэ уэшх щ1ы1эр,
Сэ си гум щызгъаф1э мурадхэр еу1э.
Мып1ащ1эу и тк1уэпсхэр абджыпсым йожэх,
Сэ гугъэ згъэпщк1уахэр къысф1ощ1 ирихьэх.

Щхьэгъубжэм къоу1ури уафэм и нэпсыр,
Ешэщ1ыр гупсысэр,зэпичу  гу къуэпсыр.
Хихыну къыпщохъу асыхьэту уэ уи псэр,
И бамп1эр абы трекъутэ абджыпсым.

А нэпсым и ф1ыгъэ къыдэк1ыу си гугъэщ,
А тк1уэпсыр тетк1уамэ,дунейр зэщ1огъагъэ.
Къыхопщ щ1ы п1ыщ1ам уигъэгуф1эу удз гъагъэр,
Абы йодэхащ1эри убзэурэ дыгъэр.

Уэрыншэу гур хуабэркъым,ар сэ сф1оп1ыщ1э,
И щ1ы1и и хуаби аф1эк1 зыхимыщ1эу.
Щыхуабэм деж си гум сэ щ1ы1э къелъыхъуэ,
Щыщ1ы1эм деж дыгъэри хуабэ сщымыхъуу

Жьы къепщэм сода1уэ,уи макъ кьыхэ1ук1ыу
Зэм-зэм къысщыхъуами,къыщ1ок1 щхьэгъэпц1эжу.
Апхуэдэурэ гъащ1эм,сыт тщ1эн,дыдок1уэк1ыр
Дэ гугъэ къыдитурэ дыкъигъэпц1эжу.


Рецензии