Насыпыр зищ1ысыр...

Насып ущ1экьуныр-езыр ар насыпщ,
Жи1ауэ К1ыщокьуэм-ар хъуащ дэ ди нып.
Ц1ыху 1ущым жи1ахэм шэч лъэпкь кьытезмыхьэ,
Ит1ани насыпым сэ куэд хызогъэхьэ.
Насыпыр зищ1ысыр-абы уегупсысмэ,
Къуегъэбж уи 1эпхъуамбэхэр псори зэрызу.
Насыпщ уи мылъку багъуэр,
Уи бын умыгъагъыу зыхуейр ептыфыну,
Нэхъ 1ейм щыпхъумауэ гъуэгуф1 хухэпшыну,
А мылъкур уимы1эм,ар дауэ пльэк1ыну?
Щхьэ япэ ибгъэщрэ?Фэ ар къызжевмы1э,
Гупсысэр щылажьэр къэпщтэныр ущи1эрщ.
Насыпщ адэ-анэр уэ къфпщхьэщытыну,
Насыпщ къыбдалъхуахэр пхуэпэжу щытыну!
Насыпщ уи акъылым сыт щыгъуи уитыну,
Зыгуэр жып1эн ипэк1э,угупсысэну!
Насыпщ узыншагъэр,гум илъмэ къабзагъэр,
Щытепщэм насыпщ мы дунейм мамырыгъэр!
Ц1ыхуит1ым яку дэлъу сыт щыгъуи гуапагъэр,
Унагъуэ зыухуэм щыпсэу лъагъуныгъэр
Насыпщ мыл1эжыну,сыт щыгъуи псэуну,
Я бын къахэхъуам и гум ар иралъхьэну,
Насыпщ бын къэхъуахэм уэ уи гур хагъахъуэу
1уэхуф1 ялэжьыну,уи гуапэ къащ1ыну!
Насыпщ уи чэнджэщхэр сэбэп яхуэхъуну,
Абы щ1эдэ1уну акъыл яхэльыну!
Насыпщ ныбэ нэщ1ым уэ уи 1эр темылъу
Пшхын бгъуэтмэ,пщ1эн уи1эм нэхъыф1ым ухуе1эм!
Насыпщ ц1ыху дэхуэхым уэ дахэ пхуже1эм,
Уи псалъэм щ1эдэ1уу нэхъыф1ым ар ***1эм!
Насыпщ дыгъэ къепсмэ е уэшхым уиуфэнщ1мэ,
Уэс 1уву щытелъым уэ уи гур хэмыщ1мэ!
А псоми уадек1уу,а псори уэ пф1эф1у
Ди Тхьэшхуэм къуитахэр насыпщ гум ф1э1эф1мэ!

11.03.22гъ
 


Рецензии