Хьэм уахэтмэ убэнэнущ

Хьэм уахэтмэ,убэнэнущ,
Уэ ухуейми ухуэмейми.
Е дыгъужьу укъугъынущ
Уэ абы уахэтреймэ.
Уэ щэху ц1ык1уу зыбущэхуу
Къуэгъэнап1эм укъуэт1ысхьэм,
Къытет1ысхьэпэнущ уи щхьэм,
Уи щэхуагъым игъэгушхуэу.
Япэ дзакъэр псом нэхъ лъэщщи,
Мыдрейхэм заущэху.
Жып1эр зыми къахэмыщу,
Ещхьщ псы уэрым ирихьэх.
Зым уи пэжри зэхихкъым,
Дзакъэм пц1ы жи1ами-пэжщ!
Уэ уи псалъэр зэ1эпахкъым,
Здэжып1ам деж къыщонэж.
Къодзэкъам уедзэкъэжыфмэ,
Ну къыплъатэ,заущэху.
Япэм гу къыплъамытами,
Иджы бзаджэу уакъыщохъу.
Къуэгъэнап1эм укъуашхыхьу
Уэ укъуэсмэ нэхъыф1?!
Сымыдзакъэми сыбанэу
Сахэгъуащэмэ нэхъыф1щ.
Ауэ джэду щабэ ц1ык1уу
Зызыгъаф1эм сахэхуам,
Дзакъи бани дыхэмыту
Сэ сахэтщ сыдахьэхау.
Сызыхэхуэм зызогъэщхьыр,
Къызэдзакъэм содзэкъэж.
Зэзгьэщ1ын сэ згъуэтмэ си щхьэр
Зызогъэщ1ри сопсэхуж!

24.11.21гъ


Рецензии