Умыщ1эм пэжыр, зыущэху!
Уи 1уэху си 1уэхум къыхыумылъхьэ.
Уэ уи гукъеуэм яужь ит,
Умыщ1эм си гум къысхуумылъхьэ!
Умыщ1эм уэ тхьэ щомы1уэж,
Умылъэгъуам щхьа умыдауэ.
Уэрыншэу дызэгуро1уэж,
Уэ щытми уи гур тхуэзэгъауэ
Уигу къеуэу фэ зытомыгъауэ,
Уи нит1ым псори уэ къыщ1ех.
Уэ фэрыщ1агъэр къыптек1уауэ
Уэ жып1э псалъэм пц1ы къыпех.
Умыщ1эм пэжыр,зыущэху,
Уэ уи чэнджэщ сэ къэзмылъыхъуэ!
Дэтхэнэм ди1эжщ дэ щэху,
Уи щэхур сэри къэзмылъыхъуэ.
Сэ си гупсысэ сэ си1эжщ,
Куэд щ1ауэ ар зызогъэзахуэ.
Уи гъуэгум,кхъы1э,теувэж,
Сыхуейкъым уи чэнджэщ,гъуэгу махуэ!
2021гъ
Свидетельство о публикации №121122707918