Щ1алэм и гупсысэ

Щ1энэм-унк1ыф1ыжу,щ1энэм-унк1ыф1ыжу
Уафэ лъагэм вагъуэхэр щопсэу.
Зэм къысщохъур укъысхуэмеижу,
Мэгузавэ къыпк1элъоплъри псэр.

Пшагъуэр къытрехьэри ток1ыжыр,
Уэ уи нэгу губжьари зэхок1ыжыр.
Сыту п1эрэт уи гум уэ илъар?
Сыт уи нэгур зэхэзыхыжар?

Пщащэ псори фыапхуэдэу п1эрэ?
Фыкъытохьэ зэми,фыток1ыж.
Зыщ1эбгъэгусар уэ пщ1эжу п1эрэ?Егупсыс уэ т1эк1уи,ар къэщ1эж.

Сыноубзэу щытми,бзэр схурикъукъым,
Сэ си губжьыр гум щызогъэпщк1уж.
Мыдэ зэ щхьэгъусэ усхуэхъункъэ?
Сэ уэзгъэлъагъунщ уэ зэрек1уж.

Сыщ1эк1ынщи удз гъэгъа къэсхьынщ,
Уэ уэзмыту жэмым езгъэшхынщ.
Мис ит1анэ нэпс къыщ1эбгъэк1ынщ,
Сэ гулъытэ пхуэсщ1хэр ф1ыщ1э пщ1ынщ!

2021гъ


Рецензии