Бахъсэн псышхуэм и нэхэр къуэлэныжкъым

Алъандэм илъэс дапщэ дэк1ыжа?
Бахъсэныпс дапщэ ежэха алъандэм?
Сту гущ1эгъуншэу куэд абы здихьа?
Зэ сыщ1эплъат абы и нэ къуэлэнхэм.

1э хуабэмк1э ф1эхъусыр къызихат,
1эпхъуамбэхэм зэрызу къедэхащ1эу.
Ф1эф1ыпсу удз гъэгъари сэ с1ихат,
Къищ1ат уэ си гум ущэрыщызгъаф1эр.

Зыкъысхуишийуэ ар къысхуэарэзыт,
Къыск1элъык1уатэу сыкъригъэжьэжри,
Сеплъэк1ыжакъым абы дежк1э зэ,
Си гъащ1эм и гъуэжькуийм срихьэжьэжри.

Иджыри зэ псы 1уфэм согъэзэж,
Бахъсэныпс бзаджэм и нэхэр къуэлэныжкъым.
Зы хуабагъ лъэпкъи абы имы1эж,
Абы аф1эк1к1э сэ сыкъиц1ыхужкъым.

Ар хъийм ик1ащ,ар и фэм имытыж,
Зы1урелъафэ благъуэу къы1эрыхьэр.
Абы и гугъэ дахэр къэзгъэпц1ащ,
Сыхэплъэми,уэ уи сурэт слъагъужкъым,

Сыхэплъэм уэ услъагъут,сэ сыкъэплъагъут,
И тк1уэпсхэмк1э уэ уи ц1эр къи1ущэщырт,
Къызжи1эрт:"Ф1ыуэ фэ фызэролъагъу,
Къэгъуэт уи лъагъуныгъэр нэхур здэщым!".

Нэху куэди щащ,жэщ куэди сэ сф1эхъуащ,
Укъэслъыхъуакъым сэ,сыкъэплъыхъуакъым.
Апхуэдэурэ зэману куэд дэк1ащ,
Ар щыдубыдри гум,къэдут1ыпщакъым.

Иджы зэзэмызэххэ дыхукъуоплъ,
Идиихьащи,хуабагъ лъэпкъ хэлъыжкъым.
Зыщ1ып1э деж ар гур икъузу телъщ,
Зэран зы ц1ык1ук1и мыхъу,зигъэхъеижкъым.

04.11.21гъ 


Рецензии