Здэфп1ыж фи бынхэр адэ-анэм

Здэфп1ыж фи бынхэр адэ-анэм,
Армырми гъащ1эр икъук1э гугъущ.
Нэщхъейр къыщ1ех абыхэм я нэм,
Къыщ1эк1мэ фэ фызэщ1ымыгъу.

А ц1ык1ухэм зым имыгъэгуф1э,
Гуф1э къыфщыхъуми,я гур магъ.
Мы мылъкуу хъуам яф1энэхъыф1ыр
Аращи,зым адрейм хуэвгъэгъу.

1эмал зимы1и,сощ1э,щы1эщ,
Унагъуэ псор гугъу езыгъэхь.
Зи закъуэ къуаншэ фщ1эрэ щы1эу?!
Евгъэх,хъуххэнумэ,евгъэх!

"Сыт быным щхьэк1э щ1эсшэчынур?-
Апхуэдэ щызэхэтхи къохъу.
Алыхьым уэ уигъэунэхуну
Арауэ п1эрэ?Хуэфщ1 гущ1эгъу

Сабий нэшхъейм,сабий гупсысэм,
Фэ фадэм зыдевмыгъэхьэх.
Пщ1э хуэфщ1мэ,фхуищ1ыжынщ щхьэгъусэм,
Псы ф1ейм фи гъащ1эр евмыгъэхь.

Зэман фи куэду фэ къыфщыхъуми,
Ар мащ1эщ,фэ фи ф1эщ сывгъэхъу.
Гуит1щхьит1у фи сабийри къохъури,
Ар щтэ1эщтаблэу балигъ мэхъу.

И щхьэр зэрехьэ,кърехьэк1,
Хэт дежк1э абы здиунэт1ынур?
Зытригъэуурэ йок1уэк1,
Къыхуэщ1эркъым абы ищ1энур.

Зэгъусэу унэм фыщ1эсам,
Илъам унагъуэм зэгуры1уэ,
Ф1эф1ынут фэ къывбгъэдэсам,
"Си папэ,мамэ"-гуапэу жи1эу.

Хэмык1уэтамэ,къэвгъэзэж,
Зэгуэр фи1а фи лъагъуныгъэм
И сахуэм дэп къыщыфлъыхъуэж,
Евдзыж а дэпым маф1э лыгъэ!

Ифлъхьэж ягу ц1ык1ухэм гурыф1ыгъуэ,
Имыгъэхуабэу зэи дыгъэм
Мы дуней дахэм тевмыгъэт,
Абыхэм сабиигъуэ ефт!

30.10.21гъ


Рецензии
А на суахили не пробовали?

Василий Бабанский   27.12.2021 18:27     Заявить о нарушении