Гъуэгущхьит1

Си пащхьэм щызэхок1ыр гъуэгущхьит1,
Дэтхэнэ гъуэгур сэ нэхъ тынш сщыхъуну?
Си дамэщхьит1ым тесщ мелы1ычит1,
Дэтхэнэри нэхъыбэ схуэзытхынур?

Жыгыщхьэм ф1эсу къоджэ к1ыгуугу ц1ык1у,
Къызже1эт:илъэс дапщэ сыпсэуну?
Си гъащ1э псор дакъикъэм щ1ызоджык1,
Си ф1эщ схуэгъэхъукъым къэнар схурикъуну.

Си лъагъуныгъэ жыжьэр къысхукъуоплъ,
Абы аф1эк1к1э симыгъуэтыжыну.
Си гъащ1эм сщ1ыгъуа псэгъум сыхукъуоплъ,
Нэгъуэщ1к1э зэи ар сымыхъуэжыну.

Бэджыхъым и1ыгъ бадзэм зеутхыпщ1,
Абы ищ1а а хъыр к1эух хуэхъуну?
Жэщ уафэм вагъуэ ц1ык1ухэм къыщопщ1ыпщ1,
Дэтхэнэр уэ ухуей къыпхуесхьэхыну?

Си гъусэу гъащ1э гугъу къыздэзык1уам
И гъуэгум ик1эр сф1эф1щ тыншыгъуэ хъуну.
Къоубзэу гъащ1эм ущимыгъэк1ам
Иужь и 1эпл1эм сф1ощ1 тыншыгъуэ къущитыну!

23.10.21гъ


Рецензии