Апхуэдэщ насыпым и нэгур

Апхуэдэщ насыпым и нэгур,
Абы дыгъэ нурыр щоджэгур.
Абы и гур уафэм щолъатэ,
Зэ плъэгъуэк1э пшэр от1уигъэк1уэту.

Апхуэдэщ насыпым и теплъэр,
Гур лъагъуныгъэм къигъэплъмэ,
Псы щ1ы1эу ар ди 1ум йожэхыр,
Щабагъэр абы зы1эпахыр.

Апхуэдэщ насыпым и гъащ1эр,
Зы 1ей щы1эу уэ къуимыгъащ1э.
Къэмысу уи деж 1уегъэк1уэтыр,
Уехъумэ ар уэ къыббгъурыту.

Апхуэдэущ насып зэрыслъагъур,
Тетщ гъуэгум пхухишу уэ лъагъуэр.
Ар пщ1ыгъумэ,уэ умышынэ,
Уэ къыптехуэнкъым ц1ыхунэ.

Апхуэдэущ насып зэрахъумэр,
Унэсми щ1ылъэм и гъунэ,
Уи насып дахэм уехъумэ,
Хуабэ къыпщохъу уэс нэгъунэ.

Уэ пхуэдэщ насыпыр зыхъумэр,
Уи лъагъуныгъэр щ1эпхъумэу
Гулъытэ лей къомылъыхъуэ,
Арщ гъащ1эм уэ ущ1ыдэхъур!

24.09.21гъ


Рецензии