Iусат

             Iэбубэчыр Iэбубэчыр
Тенджыз Iуфэм игъащIэм
             хэт кIуат? -
Слъагъуну ар благъэу
             къысхуихуакъым,
Си ныбжьым...
ЛампIэжьыкъуэ IущIауэ -
ЗызгъэпскIыну сыщыкIуэм,
Ар къэсу арат - си лъэгуанжьэм.
А тIум я зэхуаку
             махуэ гъуэгу дэлъщ,
ГъущIышым и уанэгум ущисым,
Сызэрысэбийрэ хьэл мыгъэуэу
             схэлъщ,
Лъэхъэнэ блэкIам сыриплъэжу.
Iустазхэм къызжаIэм фIыу
             семыдаIуэу,
СыкъуейщIейуэ школым
             сыщеджэм,
Зэу Iэсэ сыщIау щытащ
             зэхэсхам.
Адыгэбзэ урокыр екIуэкIыу?
А махуэм сэ сымыщIэ къэсщIащ,
Iэпкълъэпкъыр зэуэ щIигъэхуу,
"Нэхъапэхэм адыгэхэр Iуфэм
             Iусат", -
Уей, уей жырафагъыIэу.
Тобэ! сысэбийрэ пэт -
ЗысIыгъафауэ щытащ - быдэу:
Си нитIым зы нэпс къемыкIуэу.
"Адыгэхэм я кIуэдыр зэрыс
             щIыпIэм къикIащ -
Упсэуху зы пхуемыщIэну..."
Махуэр хуабэти цIыхухэм
             загъэпскIт,
IэпцIанэ - лъэпцIанэу,
Си лъэпкъым къытехьам -
             сэ си гур игъэлыцIти,
Си нэпсхэр щIэслъэщIыкIт -
             Iэдэбу.
Си адэм и адэжыр къэхъуам -
             фIыуэ щыгъуазэт,
Ауэ щытакъым игъэхъыбау,
Абы и Iэ пхашэр си щхьэфэм
             щабэу къадилъэм:
ФIыуэ еджэ си щIалэ къызжиIэт?!


Рецензии