Адэм и гур быдэкъым-быдап1эщ! на кабардинском

Адэм и гур быдэу жа1э,и быдагъыр ирагъэщхь
Дэм е мывэм,е ар бдзапц1эм ещхьу зэми къыщ1агьэк1.
Дэ къытщохъур т1эк1унит1и анэм и гум ар емыщхьу,
Гур мыузу,псэр къэмыщтэу,и щхьэр быным ***мыгъэщхъыу.

Быныр жэщым къэгувамэ," сыт-т1э?"жи1эу и щхьэр 1уех.
,
И гум илъыр игъэпщк1уауэ л1ыгъэр и нэхэм къыщ1ех.
Игъэлъагъуэу и гузавэр адэр зэи емыса,
И гум илъыр игъэпщк1уауэ зэи имыгъэлъэгъуа.

Ауэ нэгум ущ1эплъэхук1э,уэ абыи къару къует,
И гузавэр игъэпщк1уну адэр сытым деж хэтщ.
Мак1уэ ар къызэмыплъэк1ыу,и п1э щабэм мэгъуэлъыж,
Ар гъуэлъами,и п1э щабэр шыгъушыпсып1эу къыщохъуж.

"Дэнэу п1эрэ мыр здэщы1эр? Сэ псалъит1 зэхезгъэхынщ,
Зы ц1ыхупсэм зэхимыхыу псалъэ жагъуэхэр жес1энщ.
Ар къэгувэу,къиджэдыхьу си гум сэ хуэмышэчын,
Тхьэм узыншэу къытхуихьыжмэ,сэ абы езгъэлъэгъунщ!"

Ц1ыху дэк1ам къимыгъэзэжу,зэман бзаджэм дыщопсэу,
Адэм игури мэгузавэ,мэк1эзызыр адэм псэр.
Ауэ и гур егъэбыдэ,я гузавэр ящхьэщех,
Ди анэгум къэк1хэр псори зэрылъэк1к1э дэ тщхьэщех.

Ди анэгум адэм игури зэщхьыркъабзэу къигъэщ1ащ,
Анэм и гур-ар нэхъ щабэщ,адэм ейр нэхъ гъэбыдащ.
Быныр зыхуейр,зыхуэныкьуэр анэм,пэжщ,нэхъ елъагьуф,
Зы гукъеуэ и1эу щытми анэм,пэжщ нэхъ жре1эф!
Адэм и гур быдэу аркьым,ар быдап1эу жи1эу арщ,
Дину гузавэр къытхуехъумэ,езым ейр игьэбыдащ.
Анэм ещхьу адэр магъыр,ауэ к1уэц1к1э ар егъэв,
Нэк1ум нэпс иримыгъэк1уу зэрылъэк1к1э гум ще1ыгъ.

Адэ к1уэц1ым ежэх нэпсым и 1эпкълъэпкъыр псори ес,
И гущ1ы1ум къимыгъак1уэу зэтресыхьэ,ар маф1эсщ!
Зе1ыгъыф ит1ани адэм,хуэмыхьыжу зэм къеут1ыпщ,
Хаджи йохьэ,тутын 1угъуэм нэпсыр хэту гур елыпщ1.

Сэ адэгум сихьэфакьым,абы илъ сымылъэгъуа,
Ауэ и гум и щабагъэр сэ куэд дыдэрэ слъэгъуащ.
Къытхуидэнри имыдэнри тщ1эуэ дэ дыкъигъэхъуащ,
Адэр къыдэмыгупсысым,дызыхуейр дауэ къищ1а?

Хьэмэ адэ,хьэмэ анэ? Фыхэдэну фыхуэмей,
Быныр,фощ1э,фыц1ык1ухук1э фэ нэхъ мащ1эщ фызыхуейр.
Балигъ фыхъумэ,ди гупсысэр куэдк1э хохъуэри зе1эт,
Тхьэм куэд дыдэрэ фи адэр,фи анэр фэ къыфщхьэщигъэт!

12.09.21гъ


Рецензии