Дэнэ къыздик1ыр апхуэдэ ц1ыхухэр? на кабардинском

Дэнэ къыздик1ыр апхуэдэ ц1ыхухэр?
Жа1а я псалъэм томыгъуэтэж.
Мыхуалэу нап1эр зы мэскъал ц1ык1ук1э
Псалъэ мыпэжхэм щыхьэт тохъуэж.

Дэнэ къыздик1ыр апхуэдэ ц1ыхухэр?
Я1эрыхьэхук1э  зыхуейхэр бзэ 1эф1щ
Езым ятельыр къыптрагъахуэу
Я псалъэр т1ощ1у зэрахъуэк1ыф.

Дэнэ къыздик1ыр апхуэдэ ц1ыхухэр?
Сыт жа1эу щытми,пэж къащохъуж.
Куэд щ1ауэ телъу щытми уи щ1ыхуэ,
"Ар дапшэщт?- жа1эу къыщ1оупщ1эж.

Дэнэ къыздик1ыр апхуэдэ ц1ыхухэр?
Дэнэ къик1ын? Алыхьышхуэм къегъэщ1!
Къэзыгъэщ1ами щымышынэжу
Къарита гъащ1эр к1эншэу къаф1ощ1.

Дэнэк1э здэк1уэр апхуэдэ ц1ыхухэр?
Дэнэк1э к1уэми,дэ дымылъагьу.
Тетщ мы дунейм,яхыхьау хьэ зэрышхым,
Ди Алыхьышхуэм псори елъагъу .

Дэнэ здэк1уэжыр апхуэдэ ц1ыхухэр?
Дэнэ к1уэжын? Алыхьышхуэм ешэж.
Тымытыгъам мы дунейм хуэдэ ц1ыхухэр
Тщ1энут дунейм зэрытетыр ц1ыху пэж?

09.09.21гъ


Рецензии