Гум и макъамэ. на кабардинском

Къыщоуэ си гум сэ макъамэ дахэ,
А дахэр сэр ф1эк1 зыми зэхимых.
Дыгъэ жьэражьэр бгыжьым къыщхьэдохыр,
Зыкъыдишэк1ыу ф1эхъус гуапэ ех.

Жыг къэушам хуэм-хуэму зрешэк1ыр,
И хуабэ махэ хъуам тоук1ытыхьыж.
И тхьэмпэхэр ***лэну и гум къок1ыр,
Дыщафэу тхьэмпэм зызэрадзэк1ыж.

Мис зы, ет1уанэ,ауэрэ ихъуреягъыр
Дышафэм ещхьу къызэщ1элыдэнщ.
И тхьэмпэхэр 1эпохури,жыгыр магъыр,
Лъэк1къым абыхэм къаригъэгъэзэн.

Щ1эдзап1э дахэм и к1эухщ а слъагъухэр,
Тхэлъыну шы1эныгъэ ***йуэ арщ.
Щ1эрыщ1эу къыпык1энщ зытхуигъэщ1агъуэу,
Увып1эр бжьыхьэм иубыдыжу арщ.

Зэщ1иц1элэнщ уэшх щ1ы1эм трилъащ1эу,
Щ1ы1эр хуэм-хуэму къык1элъысыжынщ.
Итхьэщ1ыжынщ уэс къабзэм едэхащ1эу,
Жыг гъар аргуэру къытхуэгъэгъэжынщ.

Апхуэдэу гъащ1эр,зэм гукъеуэр щ1ы1эщ,
Зэм гукъыдэжым теплъэ къретыж.
Мыкъутэу зэи ди дунейр щре1э,
Мамыру щытмэ псори дгъуэтыжынщ!

06.09.21гъ


Рецензии