Лъагъуныгъэм и бзэ на кабардинском

Лъагъуныгъэм щы1экъым нэхъ убзэ,
Абы и бзэм дахэ куэд къыпок1.
Псалъэ къыхэхак1э мэбзэрабзэ,
Зэми мыпсэлъэфу ар къыщ1ок1.

Сыту гугъу уигу илъ щыжомы1эфыр,
Ар махъсымэ щ1эуфам ирещхьщ.
Уещ1ыр лъагъуныгъэм нэфи чэфи,
И1экъым иныкъуэм леди щысхь.

Къыстехуащ сэ си блэк1ам и щ1ыхуэ,
Щэхуу ар сэ си гум щыс1ыгъащ.
Къысщыхъуами си мы1уэху зезмыхуэ
Сэ сегуэуэк1ауэ къыщ1эк1ащ.

Ауэ сынолъэ1у,мы зыр зэгъащ1э:
Сэ сыт щыгъуи си гум уэ уилъащ.
Си зэран хэмылъу зыф1эзгъэщ1ми,
Сэ си дежщ ди лъагъуэр щыгъуэщар.

Лъагъуныгъэм щы1экъым нэхъ хущхъуэ,
Лъагъуныгъэм щы1экъым нэхъ щхъухь.
Зэми уи щхьэр абы уегъэгъэщхъыр,
Зэми уафэм вагъуэхэм уахуехь.

Зэм дыдощ1эращ1э гъатхэ хадэу ,
Зэми дэ къыттохуэ и гуэныхь.
Гум ит1ани иут1ыпщын имыдэ,
Гъащ1эр гухэлъыншэуи пхуэмыхь!

03.09.21гъ


Рецензии