Къыщ1адзэжыну ***йт а т1ум щ1эрыщ1эу на кабардинск

Мы гъащ1эм аф1эк1 сыкъыщывмылъыхъуэ,
Ц1ыху щымы1эжым ещхьу щэху сыхъуащ.
Псы уэр ежэхым къегъэпсалъэ псыхъуэр,
Абы си щэхуу хъуар сэ щызгъэпщк1уащ.

Щ1елъафэ зэм псы куум,зэм къыдрехьейри
Сык1элъы1эбэу щытми,сф1ок1уэдыж.
Псы уэр губжьам ар къыхидза бдзэжьейуэ
Зешыхьри,аргуэрыжьу псым хохьэж.

Зы мыхьэнэншэ т1эк1ум щхьа дыпсалъэу,
Щымыщу зым сту зэман куэд дгъэк1уа.
Сту куэд къэна жыдмы1эфауэ псалъэ,
Щхьэ нобэм къэс ар ди гум щыдгъэпщк1уа?

Губгъуэшхуэм и кум розит1 къыщык1ыти,
Жьы къэгубжьам зы розэр ф1ищ1ык1ат.
Зи лъабжьэр быдэм зыщ1игъэкъуэпауэ,
Имыгъэджалэу 1эпл1эм щикъузат.

Пэгунк1э кърак1ых ф1эк1 умыщ1эну
Уэшхыр къежэхти,жьыбгъэр дыщ1ыгъужт.
Розит1ыр щытт,зы ф1эк1к1э умыщ1эну
Къару зэры1ыгъит1ми ямы1эжт.

Дунейр щыуэф1ым дыгъэ бзий зэрызым
Игъэхуэбэфт а т1ур,пц1ы лъэпкъ хэмылъ.
Иджы зэгъусэу щытщ,зыр зым икъузу,
Дунейкъутэжым къахуэнар ягу илъщ.

Зоплъыжри зым и нэгум зыр къоджык1ыр:
-Иджыри къэс уэ дэнэ ущы1а?
Мы ф1ыуэ щы1эу хъуам уэрат еф1эк1ыр,
Сту зэман мащ1эт уэ птезгъэк1уэдар?

Хъужащ дунейр аргуэру зэщ1эпщ1ыпщ1э,
Уэлбани жьыбгъи щы1ау ямыщ1эж.
Къыщ1адзэжыну ***йт а т1ум щ1эрыщ1эу,
Ауэ къару аф1эк1к1э ямы1эж!

30.08.21гъ


Рецензии