Дыжьын щыгъэу нэпсыр къощэщэх на кабардинском

Дыжьын щыгъэу нэпсыр къощэщэх,
Си гум щыпсэу гугъэр зэтощащэ.
Сэ ит1ани псом уакъыхызох
Уи гум илъу щытми нэгъуэщ1 пщащэ.

Си гум илъым сэ сыпэмылъэщ,
Ар къысф1ыдок1уей,щ1эсхъумэу щытми.
Си гупсысэр сэр нэхърэ нэхъ лъэщщ,
Дэнэк1э сымыплъам,уэрщ нэгум щ1этыр.

Дыгъэ бзийм сф1ощ1 банэ къыпыщэщ,
Мазэ нурым чем шыпсыранэ 1элу.
Вагъуэхэри сф1охъур гъуэбжэгъуэщ–
Зэм загъэпщк1уу,зэми къысхукъуэплъу.

Нэху щым,уэ бзу макък1э укъок1ий,
Сэ сыкъегъэуш сыкъыхэщтык1ыу.
Жыжьэу псышхуэр щоуэршэр къуэк1ийм,
Сыхэпк1энт гупсысэр сщхьэщигъэк1ыу.

Псы уэрыжьым псори езгъэхьынт,
Къаз хужь къабзэу сыкъыхэк1ыжынут.
Ауэ гум илъахэр ирихынт?
Жьы т1эк1у сщ1ихумэ,гур нэхъ бэуэжынут.

Си гупсысэр т1эк1у сщхьэщык1ынт,
Нэпс къежэхыр псышхуэм итхьэщ1ынти
Удз гъэгъа 1эрамэ сэ къисчынт,
Жьы жь(э)дэсшэнт, гупсысэр ск1эрыхунти!


Рецензии