Лъэтеувэ, гущэхэпхэ хуэдэхэм щыжа1э Джэгуак1уэ

Ди пшынауэ 1эзэ,пшынэр гъэбзэрабзэ,
Нобэ ди Тхьэлъэ1ум хъуэхъук1э девгъэубзэ!
Дыгъэ нэхур тепсэу махуэр дахэ ***щ1,
Жэщым мазэ нэхур лъагъуэ ди Тхьэм ***щ1!

Хъуэхъуу вгъэт1ылъахэр фи сабийм ефпэс,
Псалъэ дахэу щы1эр уэсу къыхуевгъэс!
Лъэтеувэр (Гущэхэпхэр) нобэ угъурлы Тхьэм ищ1,
Фи гуф1эгъуэр лъэпкъым Тхьэм к1ыхь дыдэ фхуищ1!

08.08.21гъ


Рецензии