Си Хэку

Адыгэбзэ, си бзэ дахэ!
Ар си хэкум и бзэщ.
Адыгэбзэ, си бзэ 1эф1,
Ар си Хэкум и псэщ!

Хэкуу щыlэм я нэхъ дахэ!
Лъахэу щыlэм я нэхъ лей!
Псэр щlэстыну сэ сыхуейщ,
Зым хуэмыдэу Къэбэрдейм.

Псом нэхъ дахэ, нэхъ къулей,
Щlыпlэу щыlэ псом я лей!
Мэзк1э, къуршк1э, псык1э бейщ,
Дэ абы нэхъыф1 дыхуей?

Сыту ф1ыщэ мы дунейр,
Ущыпсэум Къэбэрдейм!
Ц1ык1ухэ, ф1ыуэ флъагъу фи Хэкур!
Хуэвмыгъазэ фэ ар лей!

Щы1э хъункъым мы дунейм зы ц1ыху,
И псэр ф1ыуэ имылъагъуу,
Тетын ***йкъым мы дунейм зы ц1ыху,
Хэкур, и  бзэр имылъагъуу.


Рецензии