Кадетыкъуэ роман

Хьэ банэ макъым плъэм щхьэхыу уэзэрмэс пIэкум ист, и ныбжьыр хэкIуэта пэтрэ лIыжьым иджыри джакIуэ и куэдт. Кадет-большевикым и зэманым иIам хуэдиз джакIуэ имыIэми, иджыри къыхуей хьаум кIэ иIэтэкъым. ЦIыхум и дуней тетыкIэмкIэ къилэжьыху къыщIэкIынущ здетIысынумрэ, къыздэтэджынынумрэ, армыхьуамэ къыхуей инIэ ***якъым? Хъунт ар-духьэшу къурIэн лъапIэр IэщIлъу къекIуэкIатэм абы икIэкIэ пхьэIэщэкIэм хуэдэу, сэшхуэм и кIыр быдэу щиIыгъар нэхъыбэщ. БлэкIар блэкIащ. Алыхьым зыригъэзэхуэнщ захуэу щытахэмрэ къуаншэхэмрэ. ТекIуахэр псэуэ къэна, «Хуэшхуахэр» хьэдрыхэм щыIэщ. Сонэр щытетам уэзырмэс джакIуэ шэгъуами иджы дунейхэр нэхъ сабыращ! Сыбыр катрэжини, цIыху гъэкIуэди щIэжкъым. Сталиными псори къыщIэныжащ, уэзырмэс зэрыунагъуэшахуэм къемыплъу зэлмыгъэкIэ колхозыр щызыгуагъыжьэм IэщIагьэкIа IэщIэвыщIэхэмрэ, мэл тIощIымрэ абыхэр. Псори идэт уэзырмэс, дунейр кIэрэхъуати, кIэрэхъуат, ауэ и шы закъуэр нобэми ныджэбэми и гум къоуэ. Уей-уей жебгыIэу шы щIэгъуэплъ дахэ уиIауэ, гуузтэкъэ шыд нэхъыщхьэ зэбгъэпэщыжыну ухуимыту дунейм укъытежэну. ЖьэкIэ жиIэркъымэ Армыхъуамэ лъыр къыпыжу ягъэува Совет властым, шыд гурымыкъым и фэр аращ нобэми уэзырмэс ириплъыр. Урыс пащтыхьыр тырадэри, абы иужбкIэ фIы щыIэжауэ къыхуэщIэртэжьым уэзырмэс.
Тхьэмадэмрэ нысэмрэ фIэкI зыдэмыс пщIантIэм кхаджэм пежьэну къызытехуэр, дауи нысэрт. Ар, пщхъаным къыгурыIуэри ету тедзэныр зэпигъэури и лэгъунэмкIэ кхыщIэкIащ. И гуащэ илъэс зыбжанэ ипэкIэ дунейм ежыжар щыпсэуным куэбжэпэм зыгуэр къэуврэ къэджамэ. Ар цIызхухъу е цIыхубз ирехъу куэдрэ мычэнджащэу икии зимыIэжьэу мамэ езыр пежьэнут. Гуащэфи, гуащэ губзыгъэ иIащ пэщхъан, ани, щыпхьуи хуэхъуащ. Куэдрэ кьэхъукъым апхуэдэ. Адырей и нысэгьухэми езыхэм жаIэвумкIэ ***тыжхэщ, ауэ пэщхьан абы дунейкIи – ахърэткIи хузарэзыщ. ЖьэкIэ къытешхыхьыуэрэ пщIэ зыхурмыгъэщIу, хьэлщэн дахэ езым бгъэдэлъымкIэ и щIалагъкIэ адыгэ хабзэм фIыуэ хэмыгъуэза и нысэр дихьэхыфащ. Ар зыхуэзыфIэкIа адыгэ нанэм щIэныгьэ нэхъыщхьэ иIэн дэнэ къыщына, и гъащэм школыбжэ кIокъ жиIэу Iуихауэ щытакъым. Пэщхъани и нысэгъуитхури школыми зэрыщеджахэу, абы иужкIэ зыгуэрхэри къызэраухыжауэ апхуэдэ гуащэ хъунжи, мыхъунжи? Ухъуфунущ! – адыгэ лъэпкъым ильэс мин хъуауэ алыф къримитхъауэ зэрихъэ и хабзэ дахэм уригъэзэщIакIуэм, ухъунукъым ар уи лъым хэпщауэ хэмытым, тхьэмадэм, гуащэм, нысэм… НэгъущI лъэпкъхэм къыхэкIахэм уазэрыхуэшытын ***йри хиубыдэжу куэд мэхъу адыгэ хабзэм лейи хуэчэми имIэу узыхуигъасэр. Пэщхъан къызыжэкIа лъэпкъри дауи хуэжемкъым а Iуэхум, абыхэми дэ дыадыгэм, дэ дыжабзэ щIэкъущ жаIэу я пщэм транспорант тхауэ фIэлъу къемикIуэкIами, бын гъасэкIэ гуэр яIауэ къыщIэкIынущ, арагъэнущ, цIыхухъу куэбжэпэм щытым самам щызэIэпахым – «Къеблагъэ» псалъэр и тхьэмадэри зэрыдэсым теухау. Пэщхъан щIыжиIыр абы хъыбарыфI къиъьат. Iуащхьэмахуэ лъапэ кIуэ асфальт гъуэгу дэзыгъэзейм деж, къызэрыкIуэ «Волгэр» къэжьеу щытт, абы адыгэбзэ ищIэуэ арат, езыр балъкъэрт.
Узырмэс зауэм ипэкIэ Ростов къалэм адэкIэ шахтэм лажьэу къыдэщыёа ипщэ къуажэм щыщ узеир и къуэм и къуэм къищау щэбэтым и хьэгъуээлIыгъуэт. Кхъуэл къыратым ямышхыу, къырат мащIэр зыхуагуащу зы ильэсым нэсыхун щIы щIагъым щIыхьэрэ фIэмыщI къыщIахъу шахтэ-къалэм щыIауэ щытащ уэзырмэсррэ узеимрэ. Я насыпти я щIалэгъуащ а зэманым, армыграмэ тIури къелынтэкъым. Къелами уэзырмэс абышыгъуэ ныбэ ныкъуагъым шхалъэ уз хихри нэмыцэхэр ди къэралым къыщытеуам щыгъуэ дзэм ирамыджау комиссовать щытащ ящIауэ. Нысэмрэ тхьэмадэрэ зэпсалъэрейтэкъым, ауэ пэшхъан щIыхьэжу къэхъуам и хъыбар щыжыриIэм, дадэр къэхъуам идигуфIащ. Псоми укъол, аби дыкъэлынщжэри къыпшфIыкIащ. Нэху, си псы пыту сыкъекIым щэбэтым, абы сымыкIуу сыкъанэ хъунукъыми, псори си феплъхьэгъуэр схуэбгъэхьэзырынщ жери, щымыжащ. Пащхъан хамэ къуэжэпхъуу щытамэ и тхьэмадэм и гъащIэм зыри химыщIыкIынри хэлът, ауэ «Къапщэм уи къуажэпхъу кьэшэф» зэрыжаIэу уэзырмэс и нысэу хьуар пащхъан хуэдэу я къуажэм къыдэхьукIа цIыхухэт. Зэкъуэщихми хэт епхъуэу зыдэпсэунур къамыхьами, тырахыжарэ, зыгъазэжарэ яхэттэкъым. Пащхъан иджыри школакIуэу япэ классхэм щIэсу АблакIуэкэ гуауэшхуэ зэраIуэ щытар фIыуэ ищIэжырт, ищIэжынтэкъэ щхьэгъусэ хуэхъуа щэлэуатрэ езымрэ а зэманым зы классым щIэсхэу – зэдедджэрт. Зауэ нэужьым дунейр гугъуащ арагъэнут а зэманым фIыуэ еджэ ныбжьыщIитIми гухэлъ нэхъ лейуэ зыхуаIауэ къащIэхуэмыщIэжар, я пIэщхьагъ зы щыхъуами. Абышхьэ къэнакъым белигъ хъууэ зэдэпсэун щIадза нэужь, я псэр зы чысэ илъу зэдекIуэкIын. Шэлэуат и щхьэгъусэм хуэарэзыт. Псом нэхъапэрати и адэр зыхуей ***гъазэрт, адыгэ нысэ и къэлэн къызтринэтэкъым. Мамэ ящхьэщыкIу и адэ жьы къуар пэщъхан зырихьэну къызэрыхунэрэ и зы щыгъын ар щIагъ ирехъх е щIыIу телъ ирехъу къабзэу ***жьыщIу, ету пщтыр тримыдзэжауэ щыригъэтIэгъакъым. ТIорысэ хъуа цIыхур и гуэныхь къомыщтэу, къабзэу зепхъэн жыхуэпIэр мыбдежиым щыткъым. Псори тэмэмт щэлэуатрэ пэщхъанрэ яIуэхур ауэ зэкIэ щIалэ цIыкIу зэдагбуэтакъым, езы тIум хуэмыдэу узырмэс сытым хуэдэу и гум кьеуэрэ ар. ЩIалэ цIыкIур лъэпкъщ адрей къыбгъэдэмыс и къуэхэм зырыз мыхъуми яIэщ. Уэзырмэс и щIалэ нэхъыжь хьэбэд щIалэ щигъуэтам аблакIуэм уэзырмэс пщIэ къызытринауэ щытакъым, и гущэ хэпхи, и лъэтеуви бламыгъэкIыу жылэм я фIэтелъыджэу фызыжьымрэ езымрэ хуагъэхьауэ щытащ. Иджы уэзырмэс нобэ кхытехуэрэ лIэми гузавэкъым, ар, къылышыкъуэ и кхъаблэ къыщIэувэну иIэщй. Уи къуэм и къуэ уи кхъаблэм къыщIэувэну уиIэм, уэредадэкIэ кхъэм нэсыхун уахъу мащэм бисмылэхьикIэ урахьэх хъунущ. МылIэжын алыхьым зыри къигъэщIакъым, псори лIэжынущ, къызэбнэкIмэ уи насыпу аращ. Уэзырмэс гукьэкIыжхэм иубыдауэ яIыгът. ПшIапIэр зэхэуакIэт, зыгуэр щхьэ и гур щтаIэщгаблэт. Фызыжьыр псэужатэм щыщIалъхьэм щIэувэнут. Мыхабзэм, сыт пщIэн, хабзэтэкъым зишыIащ. ЩIэувэпауэ щытами аблакIуэ уэзырмэс и фызыр щылIам кхъэм нэсыхун и нэпсхэр къэжэхыу ихьауэ, жаIэу къуажэм уэрэд хуэзынсыни къыдэкIынкIэ хъунут. ЦIыхухэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэшедз, псоми я гум уиплъэфынукъым. А и бынхэр фызыжьымрэ езымрэ тэрэзу зэрызэдапIыфам щхьэ, къащIэнакIэхэ, дэсщ жылэм. Уэзырмэс фарзитхур щимыгъэзащIэ махуэ къэхъутэкхым, жэсы нэмэзыр блэзгъэкIым хъуакъым жыхуиIэу сыхьэтыр къищтэри тыриухуащ.
Жьы хъуа цIыхум и Iуэхур гутъущ. Узырмэс зигъэкIурия щхьэ зэрыхуеям хуэдэу жерр и нэм къекIуэтэкъым. Адыгэ махуэгъэпсымкIэ и ныбжькIэ гу зэрылъитамкIэ, ар гъэмахуэ щылэ ирехъу, е щIымахуэ щылэ ирехъу – хэджэлыр куэдщ. Уэзырмэс ажал жыхуаIэм зэи щыщынауэ къыхуэщIэкъым. Къэхьуари, къэхъунури, алыхьу лъапIэм и унафэщ. Ар зэрыщыIэр пщIэмэ, сытым дежи абы и цIэр уи бзэIум темыкIыу телъым гъащIи уиIэнущ, насыпи бгъуэтынущ. Жэщыр здынэсам псэуэ нэху къемыкIми, уэзырмэс алыхьым хуэарэзыщ. Фызыжьыр пасэу зэримыгугъауэ IэщэкIами, быныфI къыщIэхъуам и фIыщIэкIэ и щхьэр пудакъым. Унащхьэ-чэзуу къуэхэри нысэхэри я бынхэр ягъусэжу къыхуокIуэIэ. А къуэрылъху, пхъурылъху цIыкIухэм «Дадэ» – жаIэу IэплIэ къыщырашэкIкIэ уэзырмэс и гур апхуэдизу хохруэри езыр щригузавэж щыIэщ, зыгуэр къысщыщIым жиIэу. Алыхьым и къэрур инщ аррхъуамэ ар апхуэдэу щIэштыр кьэIуатэгьуейщ. И щIадэ нэхъыжьым и къуэ къылыкъуэ Ростов куейм тэн адрыщIкIэ гуэдз Iутхыжыну докIуэ жиIэу ежьэн ипэ тIэкIу къыбгъэдэсыну, къылъагъуну къыщыщIыхьам зэригьэщIэгъуэнур ищIэртэкъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къиухам и мызакъуэу, зи илъэс фIэкIа мылэжьауэ гупым и унафэщIу гьуэгу трагъыхьэ. – Уэлэхэ-хьэзим ар мыIуэху цIыкIу». Ар и кьуэм и кьуэ сытми, узырмэсщ зи къуэр зэрысабийрэ хэт къемыупщIами – аблакIуэ узырмэс и къуэм яхуэтекIкъым. А джыдэ /зэ узыншэу къэжIуэIрэ къригъэшатэм, лIэми лIауэ жиIэнтэкъым. Ар угъурлыщ, жыIэдаIуэщ абы адыгэ къимышэу сиIуэхуи нэгъуощI лъэпкъ. Фызыжь зи ахьвэт нэху хъуным нэхъ хъыджэбз дахэ къуажэм дэсакым, IэщIэкIынт ар сытми уэзырмэс. И къуэми! – и лъэужь ихуну ***гъэфащэ. Апхуэдэхэурэ гу къдэмыжу махуэм къекIуэкIа, дадэр арауэ умыщIэжыну дэрэюгьузфIхэр иIэу жейм хилъэфащ. Пащхъан зэрыхабзэу бжэр мащIэу Iухыу щыдэIуам и тхьэмамадэр щэщыху нэхъ пIащIэр ныкьуэ зэтепIэ ищIри и ижьырабгъумкIэ тегъуэлъхъауэ жейуэ хэлът. Жэщ уэздъгьэр игъэунк1ыфIатэкъым, и нэмэзлыкъри къэблэмкIэ гъэзауэ пIэм къызэреувэхъу зэритеувэнум хуэхьэзыру унэлъэгум щылът. Зи чэзу нэмэз уэхътыр къэсыхун – жейуэ арат. Диным гу къабзэкIэ бгъэдэт ц1ыхут пэщхъан и тхьэмадэр псэухункIэ и губгъэн къыхь мыхъуну.
Щэлэут унагъуэм къыщихьэжам, хьэбэнэ макъи щымыIэжу жылэр загьэжакIэт. Бахъсэныжь и дэущ макъым едаIуэурэ ари и щхьэр пIэм зэрынэсу жей IэфIым хильэфащ. И адэм дежкIэ щIыхьэну зэи екъуат ауэ собранэ нэужьым щIэсахэм я гъусэу зэреIубар ищIэжти зишыIащ, адырей цIыхухэми хуэдэу иджыпстут ар щыгумащIэри и адэ жьы хъуам нэхъ щыхуэпабгъэри, къежьэу щыс щхьэгъусэм Iэмал къритакъым. Колхоз унафэщIыр гувауэ къалэм къикIыжри собранэм хэтIэсауэ щIидзащ, щэлэуат колхозым хэмытми, ар къеджати – мыкIуэу хъунутэкъым. Бахьсэн аузым къалэ хуэдиз и кIыхьагъыу дэс жылэшхуэм, крлхозым нэмыщI щэлэуат зи унафэщIри яхэту лэжьапIэ IэнатIэуплIы дэтт.
Колхоз председателым – мыатаману идэтэкъым, урыс пащтыхьыр тырадзу къуажэпщым и щ1ы щыта ***т кьэхъуам арат иджы и унафэщ1ыр. Аузым и дыгъаф1э лъэныкъуэри, дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэри зэрыщыт хъуп1эрэ – мэкъуп1эрэт. Жэм зэрыз нэхъ мыхъуми къищу зимы1э къуажэм дэстэкъым. Арат псори эыгъэIэсэри зыгъэсабырыри. Iэщ щызепхуэкIэ хьуп1и ухуейт, мэкъумыли уимыIэныр ажалу арат. Шэ хэкI хуиту зыгьуэту къэхьу сабиймрэ, ар хуиту зышхыну зымыгьуэт сабиймрэ я узыншагъэкIэ я кьупщхьэхэм я быдагъкIэ зэи зэхуэдэ хъунутэкъым.
                КъыкIэлъыкIуэнущ


Рецензии