Альбина рассказ

Мударрэ Хьэжысмелрэ зэрызэхуэмызэрэ незэман. Псы мащIэ ежэха абы лъандэрэ. Мудар и щIалэ нэхъыщIэ Мурат мыхъуамэ, иджыри щIэх зэхуэзэну къыщIэкIынутэкъым ахэр.
Зэманыр псынщIэу макIуэ. Хьэжысмелрэ пэт, и щхьэцыр хужьу зэрытхъуам еплъ. Мударрэ абырэ гуэдз Iуахыжыну Тэн адрыщI щагъэкIуам зэхьэзэхуэм щытекIуа щIалэ шхьэхъурыфэ щхьэц фIыцIэрауэ пщIэжын ар?
Мурат и «Жигули» цIыкIум ису жьауапIэм щыпэплъэрт зи зыгъэпсэхугьуэр иуха и адэр санаторэм къыщыдэкIыжынум. ЩIалэм щIалэ и Iуэхущ жыхуаIэращ, магнитофон къригьауэм и макъамэ дахэм ар хуэму дежьурт. И адэм зэрызиIэжьэр хуэмыхьыжу здэщысым, сыхьэтым щIэхщIэхыурэ хукъуэплъырт. Зэманыр зыщIыпIи нэсатэкъым, бгъащхъуэуэгъуэ хъуа къудейуэ арат.
ЩIалэр нобэ ***тт, и адэр зэ унэм нигъэсыжмэ, дэни кIуэ хъунут. Нэхъри, щэбэтти, и Iуэхур къикIат. Абы и ныбжьыр марэм къакIуэ илъэс тIощIрэ тхурэ ирикъурт. Иджыпсту щыщIэдзауэ абы зыхуигьэхьэзырым фIэкъэбылт щIэх нэхъ мыкIуэд шхыныгьуэ гуэрхэр къришэлIэным щIидзэ хъунут. ИтIанэ щIыIалъэм щихъумэ хъунут. ЩIыIалъэр, Мурат и пщIэнтIэпс къабзэкIэ къищэхуат, и адэр зыгъэпсэхуакIуэ къишэн ипэ, зэрызигьэпсэхуа тхылъхэр къыхудэзыхари абы кIуэну къытезыгъэхьари арат. Мудар езым гукъыдэж ищIу сыту мыкIуэрэт зыгъэпсэхуакIуэ, сату Iуэхухэр къигъанэу!..
Мурат и ныбжьыр нэсащ, къегъэшэн ***йщ, жиIэу адэм зэрэ тIэурэ къызэпхигъэIукIат. Ар зэхэзыха щIалэмрэ зэхихын хуэдэу ину жызыIа адэмрэ зэгъусэу а Iуэхум темыпсэлъыхьами, пIалъэ ягьэува нэхъэй, бжьыхьэм зыхуагъэхьэзырырт.
ЩIалэр зыхэдэн щыIэт, ауэ… Мис а «ауэр» арат зи бэлыхь иукIыр, къыхихынур ищIэртэкъым. Хъыджэбз зи шэгъуэу хъуар Мурат къежауэ, чэзууэ и пащхьэм щимыувыкIами, иIэт зыхэдэн. Ауэ «къыздэкIуэ» псалъэр тегъэщIауэ зыжриIэнур къыхуэщIэртэкъым. ЖыIэ-къыжыIэ хэмыту, епхъуэу къэзыхь щыIэщ. Ар тэмэмкъым. ИгъащIэкIэ узыдэпсэуну уи гугъэ цIыхум, япэ щIыкIэ зыкъебгъэщIэныр нэхъыфIщ. Ауэрэ, Мурат и жып телефоным я сурэтхэр къытрыригьадзэурэ, яхоплъэ хъыджэбзхэм.
Налжан тIэкIу сырыхуIуэщ, и Iупэри Iейуэ елэ. Ауэ дахэкIэ дахэт. МахуитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, хуэза къудейщ. И Iэр къишиятэкъыми, Мурати Iэбэу абы и Iэр иубыдакъым. ЦIыхубзым езым къимышиймэ, уэ упхъуэу дауэ и Iэр зэрыфIэбубыдыкIынур?
Светэ псом нэхърэ нэхъыфIынут, ауэ и щхьэцыр бзуухъу кIагуэу пыупщIащ. Дапщэщ ар тэмэму къыщыкIыжынур?
Залинэ дахэщ, лъагэщ. Шыпхъу нэхъыжь сиIэщ, жери уIэли-ууди? ДэмыкIуэжыныр къыхуэкIуащ а шыпхъу нэхъыжь жыхуиIэми!
Мыдрей Залинэ бизнесым ***джэну хамэ къэрал кIуащи, къыщигъэзэнур къэщIэгъуейщ.
Рузанэ! ФIы дыдэр арат. Абы дэлъхуи шыпхъуи иIэкъым. Хъыджэбз закъуэщ. Iэлъын лъапIэхэр и Iэм ирилъхьэн фIэфIщ. Ари Iуэхутэкъым, ауэ зейхэр гуващIэхами ХьэлыфIхэ къелъэIунущ: Фэ щIалитI фиIэщ, дэ унэ нэщIым жьы дыхъуауэ дызоплъыжри дыщIэсщ, хъунумэ, фи щIалэр зэхэдывгъэшэж, жаIэнурэ!
Мурат и анэм и псалъэхэр куэдрэ игу къэкIт иужь зэманым: «Къуэ зиIэм къуажэр и нысэщи, пхъу зиIэм къуажэр и малъхъэщ». Апхуэдабзэщ. Жыгей мэзышхуэм хуэдэу, Мурат хъыджэбз дахэ къомым хэзэрыхьащ. «Къандесджэгум и уэрэдыр къегьауэ иджы, Мурат!» – жиIэри щIалэр, езым и щхьэр ауан ищIыжу, къыпыгуфIыкIащ. Къандес, къандес, а-а, абы игу къэкIыжащ иужьу къищэхуа «Советская молодежь» газетым тета усэр:
Мазэгьуэ жэщ дахэм уи пщIыхь сыкъыхэхуэм,
Уэ укъэушу уи жейр умыкъутэ,
Уи шхыIэн цIыкIур хуабэу зытепIи,
Жей IэфIыр кIуэхукIэ у и пщIыхь сыхэгъэт.
СощIэ, си тIасэ, лъыхъу куэд узэриIэр,
Ахэм, уэ лейуэ уахуемыплъэкI –
Сэращ псэуэгъуу Тхьэ лъапIэм къуитари
НэхулъэфI укъекIым си кIэныр къигъэкI…
АпхуэдизкIэ и гум дыхьат а усэри, гукIэ зэригьэщIат. Ар зытхам хуэзатэмэ, и Iэр IитIкIэ иубыдынут, пщIэ ***щIу. Нэхъ жыжьэ нигъэплъысат а усэ цIыкIум зи къашэгъуэфI хъуа щIалэр.
Хэт жиIэфынт иджыпсту а Мурат и гугъэм химых хъыджэбзхэм бгъащхъуэжьым хуэдэу къещэ гуэрхэр шымыIэу. Езым нэхърэ нэхъ хуэмыху хъункъым ахэри. Иджыпсту баш дзыи зытехуэнур хьэрычэтыщIщ, ахъшэр къакIэрылъэлъу. СлIожь, Мурат Дзэлыкъуэ ***йм щIы бэджэнду къаIрихауэ кIэртIоф гектар щэ ныкъуэ зэрызэрихьэм щхьэкIэ бэлыхь хъуауэ ара? Иджыпсту дыдэ ари и гум къэкIыну къыщIэкIынтэкъым, а усэм адэкIэ къыпищэр мыхъуамэ:
КIэгъуасэмыщIу дунейм сытеткъым,
Iыхьлы-Iэулэдым срагьэфIэнщ,
Ныбжьэгъуу сиIэм я псэм сыхуахьри
«Хъунщ» – жыIэ закъуи къопхъуэн хьэзырщ!
Ухуэза?! Усэр зытхам «кIэгьуасэмыщIу» жыхуиIэр Мурат фIыуэ къыгурыIуат. Мы гъэм абы ищIа кIэртIофыр къемыхъул Iэрэ фейдэ гуэри къыхуимыщIмэ, мис аращ кIэгъуасэ мьпцI хъужыр. Губгъуэ лэжьыгъэм и Iуэхур Iуэхушхуэщ. Уэ дауи егугьу, и чэзум, ухуеймэ, щIэтхъуэ, хущхъуэри текIэ, уэшх имыгъуэтмэ е гъэр уэшхрилэ хъурэ дыгъэ тэмэму темыпсэмэ, гъавэр бэв хъуну ущымыгугъ. КIэртIофыщIэр къежьауэ, иджыпсту куэду бэзэрхэм телъщ. ТхьэмахуитI хуэдэ дэкIмэ, Мурати кIэртIофым щIэIэбэну и гугъэщ. Нэгъаби абы и щыпэ гъэми мыIейуэрэ къехъулIащ кIэртIофыр. Иджы гъэ къакIуэ Май районым щIы къыщыIихыу, гуэдзым еплъын и гугъэщ.
КъэкIуэнумрэ ищIэпумрэ зэригьэзахуэу щIалэр здэщысым, плъэри, и адэм Iэ къыхуищIу къилъэгьуащ. Абы хэту, и телефонри къеуащ. Къытридза номерым еплъщ, сэ сынэпсэлъэжыпщ, жриIэри, и телефоныр и жыпым ирилъхьэжащ.
Мудар зыбгъэдэт лIыр, Мурат занцIэу гу зэрылъитамкIэ, и адэм нэхърэ фIыуэ нэхъыщIэнут, Iэгъур-лъэгъурт, цIыху нэжэгужэу, гуапэу фэ тетт, и нэ фIыцIэ къыпыгуфIыкIхэм уащыщIэплъэкIэ, уи гур занщIэу зэIуха хъурт. Ари зы цIыху лIэужььпъуэу щыIэ хъунщ, армыхъумэ, а зэм фIэкIа имылъэгъуа лIым цIыхуфIыфэ щIрилъар Мурат хузэгьэзахуэртэкъым.
– Уоу-у, мыра, Мудар, уи щIалэ гъэфIэныр, еплъ мыбы и инагь хъуам, тобэ-тобэ, уэлэхьэ, уэр нэхъри сэр нэхъри нэхъ Iэчлъэчым – жи Хьэжысмелым, Мурат сэлам здрихым, и дамэм дэIэбейуэрэ хутоуIуэ.
Адэ, щыцIыкIум IэплIэ, ба къыхуащIу, драхьей-кърахьэхыу щыщыта зэман жыжьэр игу къокIыж Мурат. Мудар шыгъупIастэ куэд зыдишха, зыдэлэжьа, и къуэш нэхъыщIэм хуэдэу илъэгьуа и ныбжьэгъуфIым жиIэу хъуар и гум къегуэпэкIырт.
– Уэлэхьэ, арам, – жи абы. – Лэжьыгъэм зыкъыдэдгьахуэу, батэ зыхуэдгъэшауэ щытар, мис, уолъагъу, цIыху къищIыкIащ.
Мурат и адэм и псалъэхэр егьэшIагьуэ. «Мис цIыху къищIыкIащ», щыжиIэкIэ, абы къыщытхъуу къикIыу аращ. Мудар зэи и хьэлтэкъым апхуэдэу, цIыху щытуи щымьггуи, и бынхэм и щхьэ техау тепсэлъыхь. Нобэрей зэIущIэр мыхъуатэмэ, ари къэхъунутэкъым. «Бланэхэ я пхъур идауэ арауэ пIэрэ папэ», – игукIэ зоупщIыж Мурат. Бланэхэ я пхъур Рузанэт. Мо игъащIэм рулыр зыIыгъыу къэпсэуа Мудар ***йтэкъым езыр зыбгъэдэсыну зытриухуа щIалэ нэхъыщIэм Г'АИ-м и лэжьакIуэм ипхъу къригъэшэну.
Иджы, абыхэм я унагъуэр къэIэпхъуауэ Бахъсэн къалэ дэс щхьэкIэ, зы къуажэ къыдэкIауэ, а лъэпкъхэр фIыуэ зэрыщIэрт?
Мурат Рузанэ зэрепсалъэр гъэщIэгьуэнурэ къищIа хъуат и адэм. Ар Ланэ и лажьэт. Зэадэзэкьуэм жыгхэм хущхъуэ тракIэу хадэм итт, Рузанэ Мурат деж къыщыпсэлъам. Е сыжьэхоуэ, е си жыпым зыгуэркIэ къоху, жиIэри Мурат и телефоныр пэшым къыщIинауэ шэнтым телъти, и зу макъыр зэхэзыха Ланэ, шыпхъу нэхъыжь унэр зэлъыIузыхыу щIэтым – зыми къыхимыхыу Iэбэри къищтащ. Еплъмэ, Рузанэ и цIэр къытридзат. ФатIимэ, Залинэ, Мадинэу щытамэ, ар а фэ жыхуэфIэракъым, жиIэу зыгуэрурэ трилъафэжыфынут. А цIыхубзыцIэхэм куэдрэ уарохьэлIэри. Ауэ Рузанэ цIэр закъуэтIакъуэххэщ дэнэ укIуэнт. Лани зыми къыхимыхыу, Бланэхэ зыгуэркIэ къыдгухьэрэ, жери и анэм еушцIа хъуащ. Псом нэхърэ нэхъыфIу а Iуэхум щыгьуэзэнур, дауи, Мударт.
Апхуэдэурэ, жьы кьыкъуэуар Мурат и анэ Салимэ, Мудар и тхьэкIумэм иригъэцырхъащ.
– Уэлэхьэ, фIы къызжумыIа, фыз, – щыжиIэм, Салимэ кIуэцIрыхуам нэхъ къищтэнт. ЖыIэкIэри жыIэкIэ Iэджэ мэхъу. Е ди благъэщ, е сэ щIалэм къезгъэшэнур нэгьуэщIщ, жиIами зыгуэрт. А Iуэхум зы бэлыхьлажьэ химылъэгъуауэ, Мудар и пэр ауэ къыпыхуатэкъым абы щыгьуэ. А псоми фIыуэ щыгъуазэ икIи иригузавэ Mурат и гур тIэкIу нэхъыфI къэхъужат иджыпсту. Ар пэжмэ, Мурати Рузанэрауэ къыщIэкIынщ нэхъ зытриухуэнур.
Абы хэту, Мударрэ Хьэжысмелрэ зэфIэкIуэд зэрымыхъунум я гугъу ящIу, цIыхубз щIалэ дыдэ абыхэм гьунэгьу закъыхуещIри, укIытапэурэ, Хьэжысмелым зыкъыхуегъазэ:
– НакIуэ, папэ, дохутыр нэхъьпцхьэр щIэкIыжыну уэ къожьэ! Хьэжысмел и нитIыр яхьу ирагъэтI ысхьа фIэкIа пщIэнтэкъым а тхьэIухудым. Мурат и щхьэр кIэрахъуэу щытащ зы напIэзыпIэкIэ. Щытри – щIэщтэжащ, хъыджэбз къыIухьам гу зэрылъитамкIэ зыкъригъащIэу. «Папэ» щыжиIакIэ, къыIухьа хъыджэбз зэкIужри Танэху Хьэжысмел зэрипхъур хьэкът. Ар дэнэ щилъагъуми, Мурат къицI ыхужынут.
– СынокIуэ, Альбинэ, мыдэ си ныбжьэгъум сэлам езгьэхыж, и адэм щыжиIэм, хъыджэбзым иIуантIэри санаторэм дыхьэжащ.
Хьэжысмел, зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ иIэу арати, школыр мы гъэм къэзыуха Алим и гъусатэмэ, фызэрыцIыху, дэ игъащIэм жагьуэу дызэрьIмылъэгьуауэ дызэныбжьэгьуу дыкъокIуэкI, жиIэнурэ щIалитIыр зэригъэцIыхунут, Мудар и Iэри иригьэубыдынут. Ауэ нобэ университетым еплIанэ курсым дзэ дохутыру щеджэ ипхъу Альбинэт и гъусэри, къриджэу апхуэдэ Iуэхухэм хыхьэну къригъэкIуакъым. Щыуауи къыщIэкIынукъым. Сыт хуэдизу Мударрэ Хьэжысмелрэ фIыуэ зэхущымытми, ахэр лъыкIэ зэгухьэртэкъым, зэныбжьэгъуу арат. Тэн адрыщIкIэ лэжьэну щагъэкIуам Хьэжысмел и «фIыщIэкIэ» Мудар щIалэгьуэ Iуэху гуэрхэми хэпщIат. Абы теухуауэ, сыт хуэдизрэ Мударрэ Хьэжысмелрэ зэпсалъэу щымысами, зыри жаIэжатэкъым. Зытепсэлъыхьар пэхъыбэу абы щыгъуэ берычэт щыIамрэ щIалэ къадэлэжьахэмрэт.
Рул яIыгъыу щылажьэкIэ, я лъэр щIыпIэ куэдым нэсынтэкъэ, куэд ялъагъунтэкъэ, дэнэ щымыIами, сыт ямылъэгъуами, адэжь хэкум нэхъыфI, абы и дахагъэмрэ, цIыху щыпсэухэм я жумаргыгьэмрэ ящызыгъэгьупщэн тIуми ялъэгъуауэ къахуэщIэжакъым…
Мурат хъыджэбзым и еплъыгьуэмрэ и адэр Iуишыжыну къыIухьа Альбинэрэ я нитIыр шокъу жиIэу зэхуэмызамэ, зыри къэхъуну къыщIэкIынтэкъым. Ауэ… ауэ щIалэ зи кьэшэгьуэмрэ хъыджэбз зи ишэгъуэ нэсамрэ нэ дзакIэкIэ фIэкI зэмыплъами, куэд къаубыд. Япэ щIыкIэ псэ лъыхъуитIыр зэрымыщIэу зыщIыпIэ щызэIуоплъэри, иужькIэ уэсукхъуэр цIыкIуу къежьэу ин зэрыхъум ещхьыркъабзэу, кIуэ пэтми, зэплъыху зызыщамыгьэнщIурэ, фIыуэ зэролъагьухэри.
Мурат зыт къыгурымыIуэр. Зэадэзэпхъум я нитIыр зэщхьыркъабзэ щхьэкIэ, абы а тIур зэхуэдэу къилъытакъым. Хьэжысмел и нитIым хуабагъ гуэр къыщIихыу къеплъу Мурат къыщыхъуамэ, и пхъум и нитIыр апхуэдэ гуапагъэм, хуабагьэт, хуэхейт. Альбинэ дахэт. И щхьэц фIыцIэ утIыпщахэр и дамэм теуэрт, гъэмахуэ шылэр къихьауэ хуабэрэ пэт, плIэ зэфIэлъ щыгъьIм Iэпкълъэпкъыр хуэфэщэн хуэдизкIэ игъэпщкIут: Налжан хуэдэу и Iупэ цIыкIухэр дэпу плъыжьу илэртэкъым, Светэ нэхърэ нэхъ щхьэц кIыхьт, Залинэ нэхърэ мащIэу нэхъ лъахъшэт, ауэ Рузанэ нэхърэ хэпщIыкIыу нэхъ Iэсъэст.
ЖыпIэнурамэ, Хьэжысмел ипхъу Альбинэ и теплъэкIэ, а зэм фIэкIа игъащIэм имылъэгьуарэ пэт, ХьэлыфIхэ я щIалэм занщIэу игу ирихьат. Куэдрэ къэхъуми, мащIэрэ къэхъуми, къэхъуу къыщIэкIынщ апхуэдэ, армыхъуамэ Мурат щхьэ IущIа а Iуэхум? Абы куэдрэ зэхихат нэхъапэхэм апхуэдэ щыIэу, ауэ и фIэщ хуэмыщIу арат. ЦIыхум гу хуэпщIын папщIэ гъунэгъуу уепсэлъауэ, и хьэлщэн гуэрхэмкIэ уигу ирихьауэ щытын ***йуэ къилъытэрт нобэр къыздэсым.
Мурат а псом егупсысурэ зэадэзэкъуэр Дыгулыбгъуей къэсыжат. Гъуэгур зи кIыхьагъым абы зы псалъэ жиIатэкъым. И адэр псалъэт, Хьэжысмелрэ езымрэ иджыри къэралыр мылъэлъэж щIыкIэ Тэн Iуфэ гуэдз Iуахыжыну зэрагъэкIуам, абы зэрыщылэжьахэм я гугъу ищIыжт. Мурат и щхьэр нэгьуэщI щIыпIэ щыIэт. Ар зэгупсысыр лэжьакIуэшхуэу, цIыху пэжу Мудар жыхуиIэ Хьэжысмел ипхъу Альбинэт. Ар дауэ гъунэгьуу зэригъэцIыхуа хъунуми къыхуэщIэртэкьым. Гугъущ мы адыгэм я Iуэхур, Мудари, Хьэжысмели кърагъэкIуу, щIалэмрэ хъыджэбзымрэ абдей щызэхуэзам занщIэу зэрагъэцIыхуам, тынш хъуатэкъэ иджы. Ауэ дэнэ щыIэт апхуэдэ насып?
Мудар бэяну зыгуэркIэ фIэлIыкIт Хьэжысмелым. Армырамэ, Мурат и адэр санаторэ нэужьым, унэм апхуэдизрэ щымыIауэ, абы епсалъэу бгъэдэсынутэкъым. Нэхъри пщэдей бэзэр махуэщ. Мудар абы зыхуигъэхьэзырын ***йщ. Зыхуигьэхьэзыруи сыт ищIэн, бел къищтэнукъым, пхъэи пиупщIынукъым, зэрыжаIэу. И Iэр и жыпым илъу дэкIынурэ, ахъшэ хъушэ иIыгърэ гуфIэжу къыдыхьожынущ. Мурат и адэр фIыуэ ецIыхужыр. «Ахъшэ пщIынумэ, щхьэ пфIэтын хуейуэ аращ», – къажриIэурэ, Мурати, и къуэш нэхъыжьри, и шыпхъуитIри игъэсахэщ адэм. Абы куэд къокI. Мы дунейм нэхъ еджагьэшхуэхэр нобэр къыздэсым йолэжь а Iуэхуми, цIыхум псэукIэ ирагъэщIэфакъым. Арагъэнущ зауэмрэ банэмрэ зы махуэ щIыхэмыкIари щIыхэмыкIри.
Мурат, Академием агроному щеджэм, зы гьэщIэгьуэн дыдэм гу лъитащ. Абы егъэджакIуэ щылажьэм и нэхъыбэр псэукIэмыщIэт, и адэм шофер курс фIэкIа къимыуха пэткIэ, ахэр куэдым ***ущиифыну къыфIэщIт. ЦIыхум и нэхъыбэм, псым хэмыхьэу бдзэжьей къаубыдыну хуейщ, жиIэрт Мудар, апхуэдэу хъунукъым, зэгуэр къохъулIэну ухуеймэ, псыфи ухъунщ икIи ущIэгъущхьэжынщ, тIэкIу хьэрычэт пхэлъу дунейм утетын хуейщ. Езы дыдэр, коммунисту щыта пэтми, хьэрычэтыр япэм зэрыщымыIамкIэ абы пэув зэрыщыIамкIэ игъэкъуаншэр щыIа властырт. ЦIыхухэм Iуэху гуэр къыдахыу ящIэнуIауэ хуиттэкъым. Псори ищхьэмкIэ упафэ зэращIым елъытауэ псэун хуейт. ИщхьэмкIэ тэмэму унафэ яхуэщIтэкъыми, мес, абы я кIуэдыр къикIащ.
Мудар армэм щыIэу партым хыхьат, ар къиухыу къэкIуэжа нэужьи куэдыми щыгугъат. И адэм и гьащIэр зауэ гуащIэ екIуэкIам щыщитакIэ, езыри абы хуэфащэу дунейм тетыну и гугъащ. АрщхьэкIэ, псори зэрышыпсэр, пэж зыри зэрыжамыIэр кIуэурэ къыIщыгурыIуам кIасэ хъуат, – къикIуэтыжыну ***жьа щхьэкIэ, зэригугъам хуэдэурэ, партым къыхэкIыжьIгьуафIэтэкъым. Ар къьпцыхъуам компартым иджыри и гуащIэгъуэт, ину дэнэ къэна, цIыкIуу апхуэдэ хъыбар гуэрхэр жыпIэу узэхахмэ, уи щхьэм и мызакъуэу, уи бынхэми уи зэран ебгъэкIынкIэ хъунути, зыри жимыIэу куэдрэ екIуэкIащ, хэтыпщIэ тIэкIур блимыгъэкIыу иту.
***йт ар а компартым? ***йт! Мудар рулыр игъэкIэрахьуэу лажьэми, и щIакхъуэ Iыхьэр IэпщэкIэ къилэжьми, абдеж быдэу мурад ищIащ апхуэдизу «фIыуэ» къэзылъагьу партыр къэгьэсэхэнымкIэ езыми лъэкI лъэпкъ къимыгъэнэну. ИкIи къехъулIащ, зыхуейри къыпихащ.
Мудар зэи, армэм щыщыIам фIэкIа, нэхъыщхьэ къезышэкI шоферу лэжьатэкъым, ауэ ар къиухыу къызэрыкIуэжрэ хьэлъэзешэ машинэ ист. Зы махуэ къэмынэу и планыр игьэзащIэт, и машинэри фIыуэ зэрихьэт. Гаражышхуэм и унафэщI Кургьуокъуи арагъэххэт зыхуейри, Мударрэ абырэ зэдэлэжьэн зэрщIадзэрэ я «Iугъуэр» зэдикIт. Кургьуокъуэ фIэфIт зы блыщхьэ пщэдджыжь къимыгьанэу, цIыху игъэлажьэхэр зэхуишэсу, лэжьыгъэ IуэхукIэ яхэпсэлъыхьын. Инструктору партым и къалэ комитетым зэрыщIэсар наIуэт. Ауэ щыхъукIи, псори щекIуэкIыр пщIантIэрат, зыщIыхьэн пэш нэхъ ин зэрамыIэм кгяхэкIыу. Апхуэдэхэм деж шоферхэри машинэр къутэм зыщIыж слесархэри абы къекIуэлIэн ***йт. ИкIи къекIуалIэт. Кургъуокьуэ жиIэу хьуари зэхахт. Ар езы унафэщIым къигупсыса Iуэхутэкъым, партым и унафэт, партым хэмыт лэжьакIуэхэри политикэ-гъэсэныгьэ лэжъыгьэ жыхуаIэм хегъэубыдэн хуейт. Лэжьыгъэ IуэхукIэ зыщIыпIэ ягъэкIуауэ хэмынмэ, Мудар абы емыкIуалIэу къанэртэкъым, кIуэми Кургьуокъуэ дежьууэ къэпсалъэрт. ИщIэратэкъым Iуэхур, унафэщIым и псалъэр гьэзэщIэн зэрыхуейр жиIэу къызэрыувырт нэхъапэр.
Директорым сыт жимыIэми, псори пэжт. ЗыщIрагъэхт, пщэдджыжькIэ лэжьапIэм къыкIэрыхут, цIыху куэд жэщкIэ гаражым къамыгъэувыжу я машинэхэм унэм ирикIуэжт. ЛэжьапIэ хэдэ зыщI шоферхэм къахэкIырт. Самосвал исхэр раствор щащIым кIуэну ***йт, МАЗ исхэм Мэзкуурэ Налшыкрэ я зэхуакум дэтым нэхъ къащтэт, езыхэр зыхуей хьэпшыпхэм фIэкIа зэрыс машинэшхуэхэм ирырамыгъалъхьэу. ЗИЛ исхэр псори хьэлывэ щащI заводым щылэжьэнут сахуран кърашэкIыу. Адрей ГАЗ-53 исхэм, яхузэфIэкIыхэмэ гъэхьэзыракIуэ-шэчакIуэхэм фIэкIа кърашэкIынтэкъым. Япэм лэжьа директорыр трагъэкIыу Кургъуокъуэ абы щIагъэкIуар мис ахэр псори зэтес ищIын хуейуэ арат. Хьэлъэзешэ машинэ щитIым нэс дэтт а зэманым гаражым. Пкъыгъуэ гуэрхэр яхуэчэму шофер яхуитIысхьэни ямыгьуэту гъэтэмамыжын хуейуэ щыIэхэри мащIэтэкъым. Хьэжысмел а гаражым щыкIуами, къылъысам и пэ шэрхъитIыр щIэлъыжтэкъым, уэздыгъэхэр трахат, тетIысхьэпIэхэр сэкIэ зыгуэрым зэхиупщIэтат.
Мудар и бригадэм ейт апхуэдизу къулейсыз ящIа ГАЗ-53-р. Ауэ хэтыт уэ лэжьапIэ уува къудейуэ абы нэхърэ нэхъыфI къозытынур? ЦIыкIуфэкIу зыхуейуэ хъуари къигъуэтщ, шэрхъхэри складым къыщIихщ, игъэпщщ, щIидзыжри, Хьэжысмел зы тхьэмахуэ нэхъ зимыIэжьэу лэжьэн щIидзащ.
Хэт къэлъэIуауэ ар лэжьапIэ ямыгьэкIуами, зыми дагъуэ зыхуригъэщIтэкъым, жаIэр ищIэрт планри игъэзащIэрт. Куэдрэ исын ***й хъуакъым Хьэжысмел а машинэм. Бжьыхьэм итIысхьауэ арат. Гъатхэр къэсри, хъыбар гуэрхэр къэIуу щIидзащ. ЖаIэхэр пэжмэ, гьэмахуэм гуэдз Iухыжым хэтын хуейуэ машинэщIэ зыкъом къэкIуэн хуейт гаражым. Мудар бригадирт, партми хэтти, щIэхэм щыщ къызэрылъысынум зыми шэч къытрихьэртэкъым. Хьэжысмел и Iуэхур нэгъуэщIт…
Мудар мыхъуамэ, машинэщIэ къэкIуахэр зратхэм хэхуэнутэкъым Хьэжысмел, ахъшэ къэзышийхэм ирату щIадзэнурэ. Абы и сэбэп къызэрекIар махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу гуапэу игу къэкIым иригуфIэу, бригадирым и псалъэр тIу имыщIу лажьэрт Хьэжысмел, Ростов командировкэ щагьэкIуам. Миллеровэ гуэдз IыхыпIэм абыхэм совхоз здэщыIэм ирашурэ зы гъавэ яшэрти, уеплъкIэ зыщыбгьэнщIыртэкъым. Ауэ къызэрымыкIуэу гъэр къайхъулIахэг Тэн Iуфэ Iусхэм…
ЗэкъуэшитI фIэкIа ущимыхъукIэ а тIум, уэ у нэхъыщIэрэ адэ-анэм уабгъэдэсыну унэлъапсэм укъинэнщы ***йкIэ, Iуэхум тэмэму зэрэгупсысырхъэр хъэкът: тхьэмадэми, гуащэми адрей Iыхьмыхэми езегъын щхьэгъусэ зэрыхэбгъуэтын хуейри Мурат зыкъом щIауэ фIыуэ къыгурыIуадэ, ар и щхьэм илъ зэпытурэ екIуэкIырт.
Бжьыхьэри къэблагъэт. И адэри зы бэзэр блимыгъэкIыу кIуэрти, аразы зэрыхъуар къапщIэу я унэм къекIуэлIэжырт. Мэл ирехъу, бжэн ирехъу сату зыщIхэм нэхъ пуду къаIэщIигъэкIти, жыжьэIэти мыкIуэу, къиIэтууахэм сом гуэрхэр трилъхьэти ахъшэ хъэрхынэ къригъэщIт.
Танэ выщIитI, щIалэм къишэм жери епхауэ игъашхэти, ари Мурат щIагъуэ тригъащIэтэкъым, Iус иритынуми, псы иригъэфэнуми езым зэфIигъэкIым нэхъ къищтэрт. Мудар и щхьэкIэ и Iуэхухэр мыIейуэ зыкъилъытэжт!
Абы теухуауэ, Мурати и адэм къыкIэрыхутэкъым, Альбинер гъуэнэгъуу зэригъэцIыхуакIэт, лэжьэгъуэ махуэхэм деж еджапIэм къыщыщIэкIыжкIэ, уэшх къешхыу ***гъазэу хэгъэзыхьи хэмыту, «унэм нэс унэзгъэсыжынщ» – жисIэри сыкъыIухьат жиIэу, зэрыIухьам ещхьу Iумыхьэфми, щэбэтым е тхьэмахуэм зэ зыхуимыгъазэу, зэрыхуейм хуэдэу емыпсалъылIэу къыгъанэртэкъым. Нэхъыбэри хуэзэну ***йт, фIы куэди и гум къыхуэкIэт, ауэ губгъуэ лэжьыгъэхэм и Iухыжыгъуэт – гуащIэгъуэт, Iэмал игъуэтшэкъым.
Мурат Альбинэ и машинэм къригъэтIысхьэн папщIэ, зэман лейуэзэримыгъэкIэдар, дэлэл зэрихимыгъэхьар езым фIэтэмэмт.
Ар иджыри школым япэ классхэм шеджэу, сонэхэм трахау кино еплъау щытащ, ар дунейм гъэщIэгъуэн куэд къызэрыхъум щхьэт техъуэ Iуэхут. Зэкъуэщхэм хуэдэу зэрыгъэпэжьу бгы гъуанэм им къуатэцIыкIум я ныбжькIэ щIалэхэу, я къэшэгъуэ хъуау щIалитI дэсти си унэ идзыхьэм уэ узмыгъакIуэм хэт зыгъэкIуэн жери зым и ныбжьэгъур Iуэху тхьэбхощIэ ищIащ. Дэнэт, гъуэгут къыздэкIуэжым дэлэл ищIа щIалэр нысащIэм ехъуэпсэжри, здрихьэлIэн ***йям имыхьу, и щхьэм ***хьри ежьэжауэ щытащ?
Альбинэ зэи зыхуигъазэу зэмыпсэлъа щIалэм и жьауэр тIэкIу иутыхыпщIу, - зэщIикъуэу и машинэм итIысхьами, абы и щхьэр пуд хьунутэкъым.
Я адэхэм я фIыщIэкIэ иджыри санаторием и бжэкIупэм я ныбжьыщIитIыр япэу щызэрылъэгъуам къагурыIуат а тIур нэрымылъагъуми кIапсэ гуэркIэ зэрызэпхар.
Апхуэдизу зэуэршэрылIэу, гуапэу зыбгъэдэкIыжын ипэ салам кIыхьу зэзыжыжахэм я бынхэми, ныбжьэхъугъэ гуэр, фIы лъэгъуныгъэ яну къыдехутэми абы гъэщIэгъуэн хэлъын ***йтэкъым.
***йтэкъыми къыдэхутащ, къыдэхутэри-къилъагъум фIэфIу, зэригъэцIыхуну фIэфIу уэшх къежэхым «сэ унэм унэзгъэсыжыну арат» – жызыIа ХьэлыфIхэ Мурат и машинэ псынщIэм кIуэри арахыуэ Альбинэ тIысхьащ. ИтIысхьащ, и адэм, и нэ фIыцIитIым щIилъэгъуам хуэдэ хуэбагъ къыщIихыу, ар и адэм зэхихыжми бэлагъ хъуа хъыджэбзыр абы иримышынэу, иримыгузавэу зэрыщытыпхъэр къыгурыIуэжу. ЗыгуэркIэ Iуэхум зызыримыдзэкIыу ар ХьэлыфIхэ я унагъуэм ихуэми, и тхьэмадэм и щыгъынхэм щыкIэлъыплъкIэ, щигъэкъабзэкIэ коммунистгу-жаIэу Мудар иратауэ щыта, и Хьэдсмел къилэжьами, кхыхуамыгъэфэща Орденыр куэдрэ телъэщIыхьыуэрэ хъыдан къабзэкIэ игъэцIыуну ***ту. Зэманым куэд и пIэм ирегъэувэм щIыжаIар, ар Альбинэ и адэр арами елейщ.


Рецензии