***

Редакторыр къысщытхъуащ,
Дэгъуэ хъуауэ жери усэр!
Дагъуэу зы къыхуигъуэтащ,
КъыфIигъэхуу си щхьэр.

Бжэгъуу нэм щIэуар,
«Хъыджэбз!» - псалъэр арщ.
Нэху щыху стхауэ хъуар,
Зэуэ хьэм ихьащ.

Шэцыкуэ Iуданэу,
Псори зытесшам,
Дауэ сеIусэну,
- Хъунт къелыну сщIам.

Ар хэмыту щытым,
Усэр шыпсэ мэхъур,
Дзы фIищыну цIыхум,
Делэ хъуат редакторыр?


Рецензии